1 Кор. 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Чыристанхэр зэдауэ хъунукъым
1Фэ фщыщ гуэрым, нэгъуэщӀ гуэрым щӀедэуэн Ӏуэху хуиӀэмэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я пащхьэм иримышэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ хеящӀэхэм#6:1 хеящӀэр – еплъ Маттэ 5:21. я пащхьэм иришэну дауэ зэрытегушхуэр? 2Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэрытращӀыхьынур фщӀэркъэ? Дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятефщӀыхьын хъумэ, дауэ Ӏуэху цӀыкӀухэмкӀэ хьэкум фщӀэну къыфтехуэркъэ? 3МелыӀычхэми дэ хьэкум зэратетщӀыхьынур фщӀэркъэ? Ауэ щыхъукӀэ мы дунейм и ӀуэхугъуэхэмкӀи хьэкум тщӀыфынкъэ? 4Апхуэдэ дауэ Ӏуэху фиӀэ щыхъукӀэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм зэрамыпэс цӀыхухэм хьэкум тревмыгъэщӀыхь а Ӏуэхум. 5ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, ар вжызоӀэ. Къуэшхэм я зэдауэ ӀуэхумкӀэ хьэкум зыщӀэн зылъэкӀын, акъылыфӀагъэ зиӀэ гуэр къыфхэткъэ? 6Ауэ иджы зэрыхъумкӀэ, зы къуэшым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм ирешэ – фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я пащхьэрщ апхуэдэу щищӀри.
7Пэжым фыхуеймэ, фэ фщыщ гуэрым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм зэрыришэр фэркӀэ емыкӀущ. Апхуэдэу фщӀэ нэхърэ, адрейхэм я ягъэ къывэкӀыну икӀи фыкъагъэпцӀэну хуит фщӀымэ, нэхъыфӀщ. 8Ауэ фэ фи щхьэкӀэ фи къуэш дыдэхэми фи ягъэ явогъэкӀ икӀи къывогъапцӀэ.
9Шыпкъагъэ зимыӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ#6:9 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – къэкӀуэну дунейм Тхьэм езым и цӀыхуу и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтхэм и нэфӀ къащыхуэурэ, ӀуэхуфӀу къалъигъэсынур арщ. Ӏыхьэ къазэрылъымысынур фщӀэркъэ? Фи щхьэр къэвмыгъэпцӀэж: Зинэ зыщӀэхэми, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэми, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэми, 10дыгъуакӀуэхэми, нэпсейхэми, ефакӀуэхэми, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьхэми, хъунщӀакӀуэхэми Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым. 11Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.
Тхьэр фипкъхэмкӀэ вгъэлъапӀэ
12«Сэ сыт ищӀысри сщӀэну сыхуитщ», жаӀэ языныкъуэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэхугъуэ псоми я фӀагъ къыдэкӀынукъым. Сыт ищӀысри сщӀэну сыхуитщ, ауэ Ӏуэху гуэрым тепщэныгъэ къысхуиӀэ хъунукъым. 13«Шхыныр ныбэм щхьэкӀэ щыӀэщ, ныбэри шхыным щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр», жаӀэ цӀыхухэм. Ари пэжщ, ауэ Тхьэм тӀури игъэкӀуэдынущ. Пкъыр зинэ щӀэным щхьэкӀэ щыӀэкъым, атӀэ Зиусхьэным щхьэкӀэщ. Зиусхьэнри пкъым щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр. 14Тхьэм Зиусхьэныр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэри лӀахэм дакъыхигъэтэджыкӀыжынущ и лъэкӀыныгъэкӀэ. 15Фэ фипкъхэр Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм зэрахуэдэр фщӀэркъэ? Абы щыгъуэ Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр псэжьым и пкъым щыщ пкъыгъуэ сщӀын? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. 16Псэжьым зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, а тӀур зыпкъ зэрыхъур фщӀэркъэ? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ:#6:16 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ – еплъ 1 Мусэ 2:24. «А тӀур зыпкъ хъунущ». 17Ауэ Зиусхьэным зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, зыгурэ зы псэрэ абы дэхъунущ.
18Зинэ щӀэным пэӀэщэ зыфщӀ! НэгъуэщӀ сыт хуэдэ гуэныхьуи цӀыхум ищӀэр и пкъым епхакъым, ауэ зинэ зыщӀэм езым и пкъым гуэныхь ирещӀэж. 19Фэ фи пкъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым зэриунэ лъапӀэр, фипкъхэри фыфейуэ зэрыщымытыр фщӀэркъэ? 20Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, фипкъкӀи фи псэкӀи Тхьэр вгъэлъапӀэ.
Currently Selected:
1 Кор. 6: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017