Шыпкъагъэ зимыӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къазэрылъымысынур фщӀэркъэ? Фи щхьэр къэвмыгъэпцӀэж: Зинэ зыщӀэхэми, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэми, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэми, дыгъуакӀуэхэми, нэпсейхэми, ефакӀуэхэми, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьхэми, хъунщӀакӀуэхэми Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.