YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 7

7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЛӀыгъэ-фызыгъэр
1Фэ сэ къысхуэфтха Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ мыр вжызоӀэ: ЛӀым фыз къимышэныр фӀыщ.#7:1 лӀым фыз къимышэныр фӀыщ – зэрытха дыдэу зэбдзэкӀмэ, мыпхуэдэу мэхъу: лӀыр цӀыхубзым бгъэдэмыхьэныр фӀыщ. 2Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ. 3ЛӀым фызым хуищӀэн хуейр хурещӀэ, фызми лӀым хуищӀэн хуейр хурещӀэ. 4Фызыр езым и пкъыми тепщэкъым, абы и тепщэр лӀыращ. Апхуэдабзэуи, лӀыри и пкъым и тепщэкъым, абы и тепщэр фызыращ. 5ТӀури фызэгурыӀуэу икӀи зэману вгъэувамкӀэ нэщӀымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ я ужь фыщитынум деж фӀэкӀа пэӀэщӀэ зызэхуэвмыщӀ. ИтӀанэ, зывмышыӀэфмэ, фызэкӀуалӀэ, шейтӀаным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ. 6Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, атӀэ апхуэдэу влэжьыну хуит фысщӀу арщ. 7Сэ схуэдэу цӀыху псори щытыну сыхуейт. Ауэ Тхьэм хэти езым и лъэкӀыныгъэ къритащ – зым зы лъэкӀыныгъэ, адрейми нэгъуэщӀ лъэкӀыныгъэ.
8Къэзымыша-дэмыкӀуахэми, фызабэхэми мыр яжызоӀэ: Сэ схуэдэу фызкъэмышэу фыкъанэмэ, фӀыщ. 9Ауэ зашыӀэн ялъэмыкӀмэ, нэчыхькӀэ зэрырегъуэт. Хъуэпсэныгъэм мафӀэм хуэдэу гур исыным нэхърэ нэчыхьыр нэхъыфӀщ.
10Нэчыхь зиӀэхэм мыпхуэдэу унафэ яхузощӀ. Унафэ яхуэзыщӀыр сэракъым, Зиусхьэныр арщ:#7:10 унафэ яхуэзыщӀар Зиусхьэныр арщ – еплъ Марк 10:2-12. Фызыр и лӀым бгъэдэкӀыж хъунукъым. 11Фызыр и лӀым бгъэдэкӀыжмэ, дэкӀуэжын хуейкъым е и лӀым екӀужын хуейщ. Апхуэдабзэщи, лӀыми и фызыр иригъэкӀыж хъунукъым.
12Адрей цӀыхухэм сэ яжызоӀэ, Зиусхьэныракъым яжезыӀэр: Къуэш гуэрым фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фыз иӀэмэ, фызри абы дэпсэуну хуеймэ, ар лӀым иригъэкӀыж хъунукъым. 13Апхуэдабзэщи, фыз гуэрым фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀы иӀэмэ, лӀыри абы дэпсэуну хуеймэ, фызым и лӀыр зыбгъэдигъэкӀыж хъунукъым. 14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀыр фызым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Апхуэдэуи, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фызри лӀым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Армыхъумэ фэ фи бынхэр мыкъабзэу хъунт, ауэ иджы ахэри Тхьэм ейщ.
15ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэр и щхьэгъусэм бгъэдэкӀыжыну хуеймэ, бгъэдрекӀыж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ къуэшыр е шыпхъур и щхьэгъусэм епхауэ щыткъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэзэгъыу дызэдэпсэуну дыкъыхуриджащ Тхьэм. 16Уэ, фыз, дэнэ щыпщӀэн, уи лӀыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ. Уэ, лӀыми, дэнэ щыпщӀэн, уи фызыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ.
Тхьэм псэукӀэу къыхуигъэувам тетын хуейщ хэти
17Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр. 18Тхьэм цӀыху гуэр и бын хъуну къыщыхуриджэм, сунэт ящӀамэ#7:18 сунэт ящӀар – журтыр арщ., абы трырет. Тхьэм цӀыху гуэр къыщриджэм, сунэт ямыщӀамэ#7:18 сунэт ямыщӀар – мыжуртыр арщ., ари абы трырет. 19Сунэт дащӀами дамыщӀами, аракъым Ӏуэхур здэщыӀэр. Ӏуэхур здэщыӀэр Тхьэм и унафэхэр дгъэзэщӀэныр арщ. 20Тхьэм къыщриджэм зэрыщытам хуэдэу щрет хэти. 21Тхьэм и бынхэм ящыщ ухъуну уэ укъыщыхуриджэм пщылӀу ущытамэ, абы уримыгумэщӀ. Ауэ щхьэхуит ухъуну Ӏэмал уиӀэмэ, и пӀалъэр блумыгъэкӀ. 22Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным къыщриджэм пщылӀу щытар щхьэхуит хъуащ, Зиусхьэныр абы и псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Апхуэдабзэуи Зиусхьэным къыщриджэм щхьэхуиту щытар Мэссихь хуэлажьэхэм ящыщ хъуащ. 23Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пщылӀ фахуэмыхъу. 24Аращи, си къуэшхэ, Тхьэм къыщриджэм зэрыщытам хуэдэу, Тхьэм и пащхьэм ирет хэти.
Къэзымыша-дэмыкӀуахэмрэ фызабэхэмрэ
25Хъыджэбзхэм ятеухуауэ Зиусхьэным ищӀа унафэ сиӀэкъым. Ауэ Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу сызэрыщытым къыхэкӀкӀэ мы Ӏуэхугъуэм сызэреплъыр нывжызоӀэ. 26Иджырей гузэвэгъуэ дызыхэтым къыхэкӀкӀэ фызэрыщытым хуэдэу фыщытыныр нэхъыфӀу солъытэ. 27Фыз гуэрым нэчыхькӀэ уепхамэ, ибгъэкӀыжыным и ужь уимыт. Фыз уимыӀэмэ, фыз умылъыхъуэ. 28Ауэ къапшэмэ, абыкӀэ гуэныхь пщӀауэ хъуркъым; хъыджэбз гуэри дэкӀуэмэ, абыкӀэ гуэныхь ищӀауэ хъуркъым. Къэзышэ-дэкӀуэхэри мы дуней хьэзабым хэтынущ, ар фэ къыфщыщӀынуи сыхуейкъым.
29Си къуэшхэ, зи гугъу фхуэсщӀыр мыращ: Къэнэжа зэманыр мащӀэщ. Зэманыр мащӀэщи, иджы щыщӀэдзауэ, фыз зиӀэхэр фыз зимыӀэхэм хуэдэ ирехъу; 30гъыхэри мыгъым хуэдэ ирехъу; гуфӀэхэри мыгуфӀэм хуэдэ ирехъу; зыгуэр къэзыщэхур зыри къызыӀэщӀэмыхьэм хуэдэ ирехъу; 31мы дунейм и хуэӀуэхущӀэхэр а Ӏуэхухэм хэмытыщэм хуэдэ ирехъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и щытыкӀэм зызэблихъуурэ и кӀэм нос.
32Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу. 33Къэзышам дунейм и Ӏуэхугъуэщ зэрихуэр – фызым игу зэрырихьыным и ужь итщ. Фызымрэ хъыджэбзымрэ я Ӏуэхур зытетыр апхуэдэкъым. 34Хъыджэбздэсым Зиусхьэным и Ӏуэхущ зэрихуэр, и пкъымрэ и гумкӀэ зэрыкъэбзэным хущӀокъу. ДэкӀуам зэрихуэр дуней Ӏуэхугъуэщ – и лӀым игу зэрырихьыным и ужь итщ. 35Мы Ӏуэхухэр щӀыжысӀэр Ӏэпхлъэпх фысщӀыну аркъым, атӀэ си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, зэпымыууэ икӀи зыми фызэтримыгъэувыӀэфу хабзэм тету Зиусхьэным фыхуэлэжьэну арщ.
36ЛӀы гуэрым къишэну къыхиха хъыджэбз зи ныбжь ирикъуар къимышэныр емыкӀуу илъытэмэ, кърешэ, ар гуэныхь хъунукъым. Апхуэдэхэм нэчыхь ирагъуэт. 37Ауэ лӀы гуэрым къимышэну игукӀэ мурад быдэ ищӀамэ, зыми химыгъэзыхьауэ щытынкӀэ мэхъу. Зыхуейр и ӀэмыщӀэ илъщ, къыхиха хъыджэбзри къимышэну триубыдакӀэщ. А лӀым хъыджэбзыр къимышэмэ, тэмэму ещӀэ. 38Аращи, къыхиха хъыджэбзыр къэзышэм тэмэму ещӀэ, ауэ къэзымышэм нэхъ тэмэмыж ещӀэ.
39И лӀыр псэуху, фызыр абы епхащ. ЛӀыр лӀэмэ, фызыр хэт хуейми дэкӀуэжыну хуитщ, ауэ зыдэкӀуэж лӀым и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ. 40Сэ сызэреплъымкӀэ, дэмыкӀуэжмэ, нэхъ сыхьэт махуэ ежьащ – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр сэ си гум илъущ апхуэдэу сызэреплъыр.

Currently Selected:

1 Кор. 7: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in