1
Лукас 18:1
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Хьисэ и гъэсэнхэр тхьэ елъэӀу зэпыту щытын щхьэкӀэ икӀи я гур зэи мыкӀуэду дунейм тетын папщӀэ, щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар яжриӀащ
Compare
Explore Лукас 18:1
2
Лукас 18:7-8
АтӀэ Тхьэм къыхихахэу жэщи махуи абы елъэӀу цӀыхухэм ар дауэ къащхьэщымыжынрэ? Дауэ зыпигъэплъэн ахэр, лей къатехьэху? НывжызоӀэ, щӀэх дыдэ къащхьэщыжынущ. Ауэ ЦӀыхум и Къуэм къигъэзэжа нэужь, мы дунейм Абы фӀэщхъуныгъэ щигъуэтыжыну пӀэрэ?
Explore Лукас 18:7-8
3
Лукас 18:27
– ЦӀыхум ялъэмыкӀыр Тхьэм лъокӀ, – къитыжащ Хьисэ жэуап.
Explore Лукас 18:27
4
Лукас 18:4-5
Фызабэр зыщӀэлъэӀур хеящӀэм къыхуимыщӀэурэ зэманыфӀ дэкӀауэ, игукӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми, мы фызабэр си ужь икӀын папщӀэ, сыкъыщхьэщыжынщ, къыскӀэлъижыхьурэ си щхьэр симыгъэужэгъун щхьэкӀэ».
Explore Лукас 18:4-5
5
Лукас 18:17
Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм хуэдэу Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэмыувэм абы егъэзыпӀэ къыщылъысынукъым.
Explore Лукас 18:17
6
Лукас 18:16
Ауэ Хьисэ сабийхэр зыбгъэдишэри, мыпхуэдэу жиӀащ: – Сабийхэм фапэрымыуэу, си деж къэвгъакӀуэ, сыту жыпӀэмэ абыхэм хуэдэщ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэр.
Explore Лукас 18:16
7
Лукас 18:42
– Ирехъу апхуэдэу, къреплъэж, – жиӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
Explore Лукас 18:42
8
Лукас 18:19
– Зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀа ущиякӀуэкӀэ укъыщӀызэджэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Тхьэм и закъуэщ зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀар.
Explore Лукас 18:19
Home
Bible
Plans
Videos