Лукас 18
18
Фызабэмрэ хеящӀэмрэ ятеухуа щӀагъыбзэ
1Хьисэ и гъэсэнхэр тхьэ елъэӀу зэпыту щытын щхьэкӀэ икӀи я гур зэи мыкӀуэду дунейм тетын папщӀэ, щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар яжриӀащ:
2– Къалэ гуэрым зы хеящӀэ дэст, Тхьэми щымышынэу, цӀыхухэми ящымыукӀытэу. 3А къалэм фызабэ гуэри дэст. Фызабэр хеящӀэм къыкӀэлъикӀухьурэ елъэӀурт: «Си дэуэгъум лей къыскӀэлъызэримыхьэн щхьэкӀэ, къысщхьэщыж», – жиӀэурэ. 4Фызабэр зыщӀэлъэӀур хеящӀэм къыхуимыщӀэурэ зэманыфӀ дэкӀауэ, игукӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми, 5мы фызабэр си ужь икӀын папщӀэ, сыкъыщхьэщыжынщ, къыскӀэлъижыхьурэ си щхьэр симыгъэужэгъун щхьэкӀэ».
6ЦӀыху щыпкъэу щымыт пэтми, а хеящӀэм жиӀэм феплъыт, – къыпищащ Зиусхьэным. – 7АтӀэ Тхьэм къыхихахэу жэщи махуи абы елъэӀу цӀыхухэм ар дауэ къащхьэщымыжынрэ? Дауэ зыпигъэплъэн ахэр, лей къатехьэху? 8НывжызоӀэ, щӀэх дыдэ къащхьэщыжынущ. Ауэ ЦӀыхум и Къуэм къигъэзэжа нэужь, мы дунейм Абы фӀэщхъуныгъэ щигъуэтыжыну пӀэрэ?
Фарисеймрэ тезыр ахъшэ къыхэзыхымрэятеухуа щӀагъыбзэ
9Езыхэм цӀыху щыпкъэу забжыжрэ адрейхэр зыгъэикӀэхэм Хьисэ щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар яжриӀащ:
10– Тхьэ елъэӀуну Тхьэм и Унэм цӀыхуитӀ щӀыхьат. ТӀум я зыр фарисейт, адрейр тезыр ахъшэ къыхэзыххэм ящыщт. 11Фарисейр увауэ, Тхьэм гукӀэ елъэӀурт: «Ди Тхьэ, цӀыху хъунщӀакӀуэхэм, бзаджащӀэхэм, зинэ зыщӀэхэм, е мыбдежым щыт тезыр ахъшэ къыхэзыхым сызэремыщхьым щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. 12Тхьэмахуэм къриубыдэу тӀэунейрэ сонэщӀ, къысхэхъуэу хъуам щыщу Ӏыхьэ пщӀанэр уи Унэм сохь». 13Тезыр ахъшэ къыхэзыхыр нэхъ пыӀукӀуэтауэ и бгъэгум иуэжу щытт, и нэр къиӀэту уафэм дэплъеин темыгушхуэу. Ар мыпхуэдэут тхьэ зэрелъэӀур: «Ди Тхьэ, сыгуэныхьлыщ, гущӀэгъу къысхуэщӀ». 14НывжызоӀэ, фарисейракъым Тхьэм игъэхеижауэ Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжар, атӀэ тезыр ахъшэ къыхэзыхыращ. Сыту жыпӀэмэ зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ.
Фапэрымыуэу, сабийхэр си деж къэвгъакӀуэ
15Хьисэ сабий цӀыкӀухэр къыхуашэрт, и ӀэмкӀэ трагъэӀэбэну. И гъэсэнхэм ар щалъагъум, Хьисэ зыри бгъэдамыгъэхьэ хъуащ. 16Ауэ Хьисэ сабийхэр зыбгъэдишэри, мыпхуэдэу жиӀащ:
– Сабийхэм фапэрымыуэу, си деж къэвгъакӀуэ, сыту жыпӀэмэ абыхэм хуэдэщ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэр. 17Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм хуэдэу Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэмыувэм абы егъэзыпӀэ къыщылъысынукъым.
Къулеигъэм теухуа ущие
18УнафэщӀ гуэр Хьисэ къеупщӀащ:
– Зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀа ущиякӀуэ, гъащӀэ уахътыншэ къыслъысын папщӀэ, сыт сщӀэн хуейр? – жиӀэри.
19– Зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀа ущиякӀуэкӀэ укъыщӀызэджэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Тхьэм и закъуэщ зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀар. 20Теурэтым ит унафэхэр пщӀэркъэ: зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, щыхьэт нэпцӀу утыку уимыхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ.
21– А псори си щӀалэгъуэ лъандэрэ согъэзащӀэ, – жиӀащ унафэщӀым.
22Ар щызэхихым, Хьисэ унафэщӀым мыпхуэдэу жриӀащ:
– Зыщ уэ узыхуэныкъуэу къэнар. УиӀэу хъуар щэжи, къыщӀэкӀыр факъырэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ щыбгъуэтынущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
23Хьисэ и псалъэр щызэхихым, унафэщӀым и гум щӀыхьащ ар, хуабжьу къулейти. 24Ар абы и гум зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ мыпхуэдэу жиӀащ:
– Къулейхэр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэувэн жыхуэпӀэр хуабжьу гугъущ. 25Махъшэр мастэнэм нэхъ тыншу икӀынущ, къулейр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэмыувэурэ.
26– АтӀэ хэт абы щыгъуэ къелыфынур? – къедаӀуэхэр къеупщӀащ Хьисэ.
27– ЦӀыхум ялъэмыкӀыр Тхьэм лъокӀ, – къитыжащ Хьисэ жэуап.
28– Дэ диӀа псори къэдгъанэри, уи ужь диуващ, – жиӀащ Питрэс.
29– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – зи унэр, е зи фызыр, е зи къуэшыр, е зи адэ-анэр, е зи быныр Тхьэм и Тепщэныгъэм папщӀэ къэзыгъанэм 30мы дунейм ӀэджэкӀэ нэхъыбэ щигъуэтыжынущ, къэкӀуэну дунейми гъащӀэ уахътыншэ щиӀэ хъунущ.
Хьисэ зэраукӀынур икӀи лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынурещанэу къызэрыжиӀар
31И гъэсэн пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, Хьисэ мыпхуэдэу яжриӀащ:
– Мис, Ерусэлим докӀуэ. ЦӀыхум и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятхауэ щыта псори абы щызэщӀэнущ. 32Ар мажусийхэм ӀэщӀалъхьэнущ, абыхэм Ар ауан ящӀынущ, ягъэпудынущ, еубжьытхынущ, 33щӀопщкӀэ еуэнущ икӀи яукӀынущ, ауэ махуищ дэкӀынурэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.
34Ауэ Хьисэ зи гугъу ищӀар абыхэм къагурыӀуакъым. А псалъэм и мыхьэнэр абыхэм дежкӀэ щӀэхъумати, зыри зэхащӀыкӀакъым.
Хьисэ нэф гуэрым и нэр къызэригъэплъэжар
35Хьисэ Ерихъуэ къалэм гъунэгъу щыхуэхъуам, нэф гуэр гъуэгу Ӏуфэм Ӏуст, факъырэӀус къыхихыу. 36ЦӀыху гупышхуэ блэкӀыу щызэхихым, нэфыр щӀэупщӀащ: «Къэхъуар сыт?» – жиӀэри. 37«Нэзэрэт щыщ Хьисэ блокӀ», – жаӀэу къыщыжраӀэм, 38ар макъышхуэкӀэ джащ:
– Хьисэ, Даут и Къуэ#18:38 Даут и Къуэ – журтхэр Мэсихьым апхуэдэу еджэу щытащ, Мэсихьыр Даут бегъымбарым къытехъукӀын хуейуэ зэрыщытыр ящӀэрти. , гущӀэгъу къысхуэщӀ! – жиӀэри.
39Япэ иту кӀуэ цӀыхухэм нэфым и жьэр зэтрипӀэну унафэ хуащӀащ. АрщхьэкӀэ нэфыр нэхъ иныжу кӀийрт:
– Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ! – жиӀэурэ.
40КъэувыӀэри, нэфыр къыбгъэдашэну унафэ ищӀащ Хьисэ. Нэфыр гъунэгъу къыщыхуэхъум, Хьисэ абы еупщӀащ:
41– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – жиӀэри.
– Зи щӀыхьыр ин, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – лъэӀуащ нэфыр.
42– Ирехъу апхуэдэу, къреплъэж, – жиӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
43Нэфым и нитӀыр асыхьэтым къэплъэжри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, Хьисэ и ужь иуващ. Къэхъуар зылъэгъуа псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.
Currently Selected:
Лукас 18: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021