1
Лукас 19:10
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
КӀуэдыпӀэм ихуа цӀыхухэр къигъуэтыжу къригъэлын щхьэкӀэщ ЦӀыхум и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар.
Compare
Explore Лукас 19:10
2
Лукас 19:38
Абыхэм мыпхуэдэу жаӀэрт: «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къытхуэкӀуэ пащтыхьыращ щӀыхьыр зейр! Уафэм мамырыгъэ щреӀэ! Уафэр зи хэщӀапӀэ Тхьэшхуэм псоми щӀыхь хуращӀ!»
Explore Лукас 19:38
3
Лукас 19:9
– Нобэ мы унэм щӀэсхэри Тхьэм къригъэлащ, – жриӀащ Хьисэ Зэхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщщ.
Explore Лукас 19:9
4
Лукас 19:5-6
А жыгым гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ Зэхей худэплъейри, мыпхуэдэу жриӀащ: – Зэхей, псынщӀэу къех жыгым, нобэ уи унэ сынихьэн хуейщ. Жыгым псынщӀэу къехыжри, гуфӀэгъуэр иӀэу, Зэхей Хьисэ иригъэблэгъащ.
Explore Лукас 19:5-6
5
Лукас 19:8
Зэхей къэтэджри, Зиусхьэным мыпхуэдэу жриӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынщ, зыгуэр къэзгъэпцӀамэ, къызэрызгъэпцӀам хуэдиплӀ естыжынщ.
Explore Лукас 19:8
6
Лукас 19:39-40
ЦӀыхубэм яхэт фарисейхэм ящыщ гуэрхэм Хьисэ зыкъыхуагъазэри къыжраӀащ: – УщиякӀуэ, уи гъэсэнхэм я жьэр зэтрапӀэну яжеӀэ. – НывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм я жьэр зэтрапӀэмэ, мывэхэр макъышхуэкӀэ джэнущ.
Explore Лукас 19:39-40
Home
Bible
Plans
Videos