Уэ зыбгъэлъагэри уафэм и Тепщэм упэщӀэуващ: Абы и Унэм къыщӀаха фалъэхэр къебгъэхьри, уэри, уи блыгущӀэтхэри, уи фызхэри, уи жэщгъуэлъ цӀыхубзхэри абыхэмкӀэ фефащ! Уэ дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, гъущӀым, пхъэм, мывэм къыхэщӀыкӀа тхьэхэр, зыри зымылъагъурэ зыхэзымыхӀахэр, акъыли зимыӀэхэр бгъэлъэпӀащ, атӀэ уи гъащӀэри уи гъуэгу псори Зи ӀэмыщӀэ илъ Тхьэм лъытэныгъэ хуэпщӀакъым.