1
Данил 6:10
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Абы щыгъуазэу, Данил и унэ кӀуэжри, ищхьэ пэшым, зэрихабзэу, зи щхьэгъубжэ зэӀухар ЕрусалимкӀэ гъэзам, махуэм и кӀуэцӀкӀэ щэнейрэ лъэгуажьэмыщхьэу и Тхьэм щелъэӀуащ, игъэлъапӀэу.
Compare
Explore Данил 6:10
2
Данил 6:22
Си Тхьэм и мелыӀыч къигъакӀуэри аслъэнхэм я жьэр зэхуищӀащ. Абыхэм зыри къызащӀэфакъым, Тхьэм и пащхьэ лажьихъати щызиӀэтэкъыми. Уэри, пащтыхь лъапӀэ, уи пащхьэ щӀэпхъаджагъэ лъэпкъ зэи щызлэжьакъым».
Explore Данил 6:22
3
Данил 6:26-27
Мыр си унафэщ: си пащтыхьыгъуэм и къуапэ дэтхэнэми щыпсэухэр Данил и Тхьэм щышынэу, кӀэзызу и пащхьэ ирырет. Ар Тхьэ псэущ – игъащӀэкӀи щыӀэнущ; и пащтыхьыгъуэри кӀуэдыжынукъым, и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым. Абы укърегъэл, щхьэхуит уещӀыж. Нэщэнэхэр, Ӏуэху телъыджэхэр уафэми щӀылъэми къыщегъэхъу. Абы Данил аслъэнхэм къригъэлащ!»
Explore Данил 6:26-27
4
Данил 6:16
Абдежым Дарий унафэ ищӀащ Данил къашэу аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзэну. Абы Данил жриӀащ: «УигукӀи уи псэкӀи узыхуэлажьэ уи Тхьэм укъригъэл!»
Explore Данил 6:16
Home
Bible
Plans
Videos