1
1 Мусэ 46:3
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– Сэрщ Тхьэр, уи адэм и Тхьэр, – жиӀащ Тхьэм. – Умышынэ Мысырым укӀуэн; абдежым уэ къыщыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ.
Compare
Explore 1 Мусэ 46:3
2
1 Мусэ 46:4
Сэ сыпщӀыгъуу сынэкӀуэнущ Мысырым; апхуэдэуи Сэ укъисшыжынущ абы. Исуф езым и ӀэкӀэ зэтрипӀэжынущ уи нэхэр.
Explore 1 Мусэ 46:4
3
1 Мусэ 46:29
Гощэн щӀылъэм къыщыкӀуэм, Исуф шыгур зэщӀригъэщӀэри, Гощэн щӀыналъэм кӀуащ, езым и адэ Израил пежьэну. Ар къыщилъагъум, и адэм и пщэм зридзэри, куэдрэ гъащ Исуф.
Explore 1 Мусэ 46:29
4
1 Мусэ 46:30
Абдежым жриӀащ Израил Исуф: – СылӀэнщ иджы сэ, уи напэр къэслъагъужауэ; уэ иджыри узэрыпсэур сдъэгъуащи.
Explore 1 Мусэ 46:30