Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ. Тхьэм ар къыщӀигъэкӀуар абы Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтхэр къыщӀишыжу, я щхьэхэр ищэхужын папщӀэщ, Тхьэм дэ псори и бын хуэдэу дилъытэн щхьэкӀэ.