1
1 Кор. 9:25-26
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Жэр, сыт ищӀыскӀи зыхуосакъыж. КӀуэдыжыну саугъэтыр къахьын щхьэкӀэ, мажэ ахэр, дэ мыкӀуэдыжын саугъэтым и ужь дитщ. Аращи, сыщыжэкӀэ, сыздэжэ щӀыпӀэр сымыщӀэу аракъым. Жьым ӀэштӀымкӀэ хэуэм сыхуэдэкъым.
Compare
Explore 1 Кор. 9:25-26
2
1 Кор. 9:27
Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.
Explore 1 Кор. 9:27
3
1 Кор. 9:24
Псори къызэдэжэурэ зэпоуэ, ауэ абыхэм ящыщу зы закъуэщ текӀуэныгъэм и саугъэтыр къэзыхьыр, ар фщӀэркъэ? Ар къэфхьын щхьэкӀэ, фызэдэжэ.
Explore 1 Кор. 9:24
4
1 Кор. 9:22
ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.
Explore 1 Кор. 9:22
Home
Bible
Plans
Videos