1
1 Кор. 8:6
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет.
Compare
Explore 1 Кор. 8:6
2
1 Кор. 8:1-2
Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт. ЦӀыху гуэрым щӀэныгъэ иӀэу къыфӀэщӀми, зэрищӀэн хуейм хуэдизу, иджыри ищӀэркъым.
Explore 1 Кор. 8:1-2
3
1 Кор. 8:13
Аращи, шхыну сшхымкӀэ си къуэшым гуэныхь езгъащӀэмэ, игъащӀэкӀэ лы сшхынукъым, си къуэшым гуэныхь къезмыгъэхьын щхьэкӀэ.
Explore 1 Кор. 8:13
4
1 Кор. 8:9
Ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я гъуэгум фи щхьэхуитыныгъэр ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэ щахуэмыхъуным фыхуэсакъ.
Explore 1 Кор. 8:9
Home
Bible
Plans
Videos