YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Апостолым иӀэ хуитыныгъэхэр
1Сэ сыапостолкъэ? Сэ сыщхьэхуиткъэ? Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь слъэгъуакъэ? Зиусхьэным хуэсщӀа Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуар фэракъэ? 2НэгъуэщӀ цӀыхухэм я дежкӀэ апостолу сыщымытми, фэркӀэ сыапостолщ. Зиусхьэныр фи псэм щыщ зэрыхъуам къыхэкӀкӀэ, сызэрыапостолыр зыгъэпэж мыхъурыр фэращ.
3Сызыгъэкъуаншэхэм яжесӀэр мыращ: 4Дэри дышхэну икӀи дефэну дыхуимыту ара? 5Кифэ,#9:5 Кифэ – еплъ 1:12. адрей апостолхэм, Зиусхьэным и къуэшхэм#9:5 Зиусхьэным и къуэшхэр – еплъ Марк 6:3. хуэдэу дэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фыз гъусэ зыхуэтщӀыну дыхуиткъэ? 6Я щхьэ япӀыжын папщӀэ, езыхэм я ӀэкӀэ лэжьэн хуей закъуэр сэрэ Варнавэрэ#9:6 Варнавэ – члисэ зэхуэсым и унафэщӀ къуэшхэм ящыщщ. Паул и Ӏуэхур щищӀа япэрей илъэсхэм и гъусэу щытт. Еплъ Апостол. 4:36; 13:1–15:39; Гал. 2:1.?
7ЗауэлӀыр езым и ахъшэкӀэ зауэрэ? Хэт жызум хадэ зыщӀэу, жызум зымышхыр? Шэ емыфэу Ӏэхъушэр хэт зыгъэхъур? 8ЦӀыху акъылкӀэ къыжысӀэрэ мы Ӏуэхугъуэхэр? Апхуэдэукъэ Торэт хабзэм зэрыжиӀэр? 9Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм мыпхуэдэу итщ:#9:9 Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итщ – еплъ 5 Мусэ 25:4. «Вым гуэдз щиӀуэкӀэ, и жьэр зэтумыпхэ». Апхуэдэу щыжиӀэкӀэ, выхэра Тхьэр зыхуэгузавэр? 10Тхьэм жыхуиӀэр дэркъэ шэчыншэу? Аращ, дэр щхьэкӀэщ ар щӀатхар; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ вакӀуэлӀри гъавэ зыӀуэ лӀыри я Ӏыхьэ а гъавэм къыхэкӀыну гугъэ ямыӀэу лажьэ хъунукъым. 11Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и жылэфӀыр фи гум итлъхьащи, фэ, ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуэр зыгъуэтхэм, мы дунеймкӀэ дызыхуэныкъуэр къыдэфтмэ, егъэлея хъурэ? 12НэгъуэщӀ цӀыхухэм зыхуэныкъуэхэр зэрефтынум щыгугъыну хуитыныгъэ яӀэмэ, абыхэм нэхърэ дэ куэдкӀэ нэхъ хуитыныгъэ диӀэкъэ?
Ауэ а хуитыныгъэм и фӀагъ къэдгъэсэбэпакъым. Абы и пӀэкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым зэран дыхуэмыхъун щхьэкӀэ, псори дигу тыдогъахуэ. 13ЦӀыхухэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ псапэу ятым щыщ абы щылажьэхэм я шхын Ӏыхьэ къызэрыхэкӀыр фщӀэркъэ? Къурмэн щӀыпӀэм щылажьэхэми я Ӏыхьэ абы телъ къурмэныпхъэм къызэрыхэкӀыр фщӀэркъэ? 14Апхуэдэу, хъыбарыфӀыр#9:14 хъыбарыфӀыр – Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыращ. цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм зэрыпсэун Ӏыхьэр хъыбарыфӀымкӀэ зэрагъуэтын хуейр Зиусхьэным и унафэщ#9:14 Зиусхьэным и унафэщ – еплъ Маттэ 10:10; Лука 10:7..
15Апхуэдэ хуитыныгъэр сэ къэзгъэсэбэпакъым, а хуитыныгъэри згъуэтын щхьэкӀэкъым мыр щӀэстхыр. Сызэрыпагэ Ӏуэхур зыгуэрым игъэкӀуэдыным нэхърэ, лӀэныгъэр нэхъ къызощтэ. 16Ауэ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуатэм щхьэкӀэ сызыщытхъужын слъэкӀынукъым, Тхьэм и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэу хъунукъыми. ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэмэ, гъуэгу мыгъуэ сытеуващ. 17Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ. 18Абы щыгъуэ сыт си ӀыхьэфӀыр? Си ӀыхьэфӀыр мыращ: ХъыбарыфӀым сыхуэлажьэурэ, уаси къыпэмыкӀуэу цӀыхухэм ар зэрахуэсӀуатэр арщ, си хуитыныгъэр къэзмыгъэсэбэпу.
19Зыми тепщэныгъэ къысхуимыӀэу, сыщхьэхуиту щытми, цӀыху куэд Мэссихь и гъуэгум тезгъэхьэн щхьэкӀэ, псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ сахуэхъуащ. 20Журтхэр Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, абыхэм хуэдэу зысщӀащ. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту щытми, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэр Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. 21Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ. 22ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ. 23ХъыбарыфӀым си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псори сощӀэ, хъыбарыфӀым фӀыгъуэу къыпэкӀуэм щыщ си Ӏыхьэр згъуэтын щхьэкӀэ.
24Псори къызэдэжэурэ зэпоуэ, ауэ абыхэм ящыщу зы закъуэщ текӀуэныгъэм и саугъэтыр къэзыхьыр, ар фщӀэркъэ? Ар къэфхьын щхьэкӀэ, фызэдэжэ. 25Жэр, сыт ищӀыскӀи зыхуосакъыж. КӀуэдыжыну саугъэтыр къахьын щхьэкӀэ, мажэ ахэр, дэ мыкӀуэдыжын саугъэтым и ужь дитщ. 26Аращи, сыщыжэкӀэ, сыздэжэ щӀыпӀэр сымыщӀэу аракъым. Жьым ӀэштӀымкӀэ хэуэм сыхуэдэкъым. 27Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.

Currently Selected:

1 Кор. 9: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in