YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 17

17
ЕПЩЫКӀУБЛАНЭ ӀЫХЬЭ
1УзэмыфӀу зэдэпшх выхъуныш нэхърэ
узэхуэӀэфӀу зэдэбугуэш щӀакхъуэ тыкъырри
нэхъыфӀщ.
2ЛӀыщӀэ губзыгъэр лӀыщхьэм и къуэ емыкӀухьым
и пӀэ иувэнщ,
зэш быным щӀэин Ӏыхьэгъуи яхуэхъунщ.
3Дыжьыныр ягъэджылри япщэж,
дыщэри ягъэткӀури якӀыщтэ,
цӀыхугури зыпщытэр Тхьэуэ Зиусхьэнырщ.
4Лейзехьэр зыщӀэдэӀур бзаджащӀэм и псалъэщ;
пцӀыупсыр дэзыхьэхыр мыхъумыщӀэм и
жыӀэрщ.
5ТхьэмыщкӀэр джэгуалъэ зыщӀым егъэикӀэ
Тхьэуэ ар къэзыгъэщӀар,
дэхуэхар зи ауаным хуэфащэ хьэкъ
игъуэтыжынщ.
6Жьыщхьэ махуэщ бынырылъхухэр
зылъэгъуахэр#17:6 Журт. «Къуэрылъху-пхъурылъхухэр лӀыжь-фызыжьхэм я къэгъагъэ блэрщ».,
иропагэ щӀэблэр адэ-анэм.
7Епэсакъым акъылыншэм псалъэ нэсыр,
пщӀэ зыхуащӀ цӀыхуми псалъэпцӀыр
къекӀукъым.
8Ӏулъхьэр зытым къыфӀощӀ ар дыщэ токъуу:
дэнэкӀэ зимыгъазэми, сытри къохъулӀэ.
9Къраха щхьэкӀуэр зыгъэгъуфыр
фӀылъагъуныгъэм и лъыхъуакӀуэщ,
ар пщызмыгъэгъупщэм – Ӏуегъэщтыр
ныбжьэгъу пэжыр.
10ЦӀыху губзыгъэм гиер щӀэхыу зэхещӀыкӀыр,
фэлъырищэ епхми, акъыл зимыӀэм
гурыӀуэнкъым ар.
11БзаджащӀэр дапщэщи къайгъэщ зылъыхъуэр,
тезыр хьэлъэри Тхьэм абы къытрилъхьэнщ#17:11 Журт. «гущӀэгъу зи цӀэ зыхэмылъыр лӀыкӀуэ къыхуащӀынщ», е «мелыӀыч гущӀэгъуншэр къыхуагъэкӀуэнщ»..
12Делагъэм къызэгуитхъ цӀыху акъылыншэм
уӀущӀэ нэхърэ
зи акъуш шырхэр зыфӀэкӀуэда мыщэбзым
урихьэлӀэмэ нэхъыфӀщ.
13ФӀым пэкӀуэу е зылэжь цӀыхум
и унэр е жыхуаӀэм ибгынэнкъым.
14Къэхъеймэ псалъэмакъыр – псыдзэу урехьэжьэ;
къызэтеувыӀэ, зэщыхьэм унэмысу.
15Къуаншэр зыгъэзахуэмрэ хейр зыгъэмысэмрэ
хуищӀащ гущыкӀ Тхьэуэ Зиусхьэным.
16Делэм акъыл кърищэхуну зыщыгугъ мылъкур
сыткӀэ щхьэпэ,
еджэн гухэлъ абы имыӀэу щытмэ?
17Ныбжьэгъур сыт щыгъуи фӀыкӀэ къыпхуоупсэ,
къуэшыр къыщӀыуитар гуауэр бдигуэшын
щхьэкӀэщ.
18НэгъуэщӀым щхьэкӀэ шэсыпӀэ ихьэу
щӀыхуэ зытыр акъылыншэщ.
19Гуэныхь щӀэныр зи щӀасэр къайгъэми и лъыхъущ,
и кӀуэдыжыпӀэ хъунурщ зылъыхъуэр цӀыху
щхьэщытхъур#17:19 Журт. «зи куэбжэ лъагэу зыгъэувыр». ЗэрызэдзэкӀам къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
20Зигу хьэрэмыгъэ илъым фӀы гуэри
къыдэхъункъым,
бзэгу пцӀыӀуэпцӀышэри хэхуэнщ
бэлыхьлажьаем.
21Акъылыншэр – къэзылъхуам и мыгъуэ Ӏыхьэщ,
гунэдж жыхуаӀэр ищӀэркъым бын делэм я
адэм.
22Гухэхъуэр Ӏэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ,
гухэщӀ-гукъеуэм хэт зэпытым и къупщхьэр
мэщыр щӀэх.
23Хьэкумыр пэжым тришыным щхьэкӀэщ
бзаджащӀэм Ӏулъхьэр щэхуу къыщӀыӀырихыр.
24Губзыгъэм Ӏущыгъэм и гур теухуауэ щытщ,
акъылыншэм и щхьэр кърехьэкӀ жьуджалэм
хуэдэу.
25Къуэ акъылыншэр адэм и гурыгъузщ,
къэзылъхуа и анэми и гуауэщ.
26ФӀыкъым цӀыху щыпкъэр бгъэпшынэныр,
я захуагъэ щхьэкӀэ цӀыху пэжми лей
кӀэлъызепхьэныр щӀагъуэкъым.
27ЩӀэныгъэ зиӀэм ещӀыр псалъэ хэплъыхь,
зи зэхэщӀыкӀыр лъагэр сыт щыгъуи цӀыху
зэтесщ.
28Акъылыншэри мыпсэлъэху Ӏущ къафӀощӀри,
и жьэр зэщӀихыхукӀэ акъылыфӀэу
къэплъытэнри хэлъщ.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in