YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 16

16
ЕПЩЫКӀУХАНЭ ӀЫХЬЭ
1ЕщӀыр цӀыхум гугъэ куэдхэр, –
абыхэм щыщуи зэщӀэнур Тхьэуэ Зиусхьэным
иухахэрщ#16:1 Е «ЦӀыхум жиӀэнур зэрегъэзахуэ, арщхьэкӀэ Тхьэуэ Зиусхьэнращ ар зэпызыгъахуэр»..
2Щхьэж илэжьымкӀэ зыфӀэзахуэщ, –
арщхьэкӀэ я гущӀагъщӀэлъ псор зэпэзышачэр
Тхьэуэ Зиусхьэнырщ.
3Хуэгъазэ Ӏуэхуу блэжьыр Тхьэуэ Зиусхьэнми –
гухэлъу уиӀэр къыбдэхъунщ.
4И къэгъэщӀыгъэ псоми Тхьэуэ Зиусхьэным гугъэ
щхьэхуэхэр яхуиӀэщ,
цӀыху бзаджащӀэри хуегъэхьэзыр пшыныж
махуэм#16:4 Е «цӀыху бзаджащӀэ пэтрэ къыхуигъэщӀащ пшыныж махуэм»..
5Тхьэуэ Зиусхьэным хуищӀащ гущыкӀ цӀыху
пагэм,
зэгъащӀэ: ягъуэтыжынщ абыхэм яхуэфащэ
хьэкъыр.
6ФӀылъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ ягъэгъу
гуэныхьыр,
Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀыным
ущехъумэ ем.
7ЦӀыхум гъуэгуу къыхихар фӀэзахуэу щытмэ
Тхьэуэ Зиусхьэным,
Абы и бий Ӏэлхэри ирегъэкӀуж.
8Хьэрэм хэхъуэшхуэ нэхърэ
хьэлэл мащӀэр нэхъыфӀщ.
9Щхьэж и гущӀэм къыхихыну гъуэгур
щызэригъэзахуэ пэтми,
лъэбакъуэу ичыр зыунэтӀыр Тхьэуэ
Зиусхьэнращ.
10Пащтыхьыр Тхьэуэ Зиусхьэным и ӀэмыркӀэщ
зэрыпсалъэр, –
щыуагъэ гуэри и хей щӀэкӀэм къыхэхуэнкъым.
11Тэрэзэ пэжхэм я пщалъэр зыгъэувыр Тхьэуэ
Зиусхьэнырщ,
Ар тэрэзэ шэчалъэ захуэхэм я телъхьэщ.
12Ӏуэхуфэ бзаджэхэм хуащӀащ гущыкӀ пащтыхьхэм, –
Ӏуэху щыпкъэхэр аракъэ-тӀэ абыхэм я
тетыгъуэр зыщӀыр кӀыхь?!
13Я щӀасэщ пащтыхьхэм псалъэ захуэр,
пэж жызыӀэри абыхэм ягъэлъапӀэ.
14Пащтыхь губжьыр – ажалым и гъуощ,
зыхуэгъэужьыхыжри ар цӀыху Ӏущщ.
15Пащтыхьыр нэфӀэгуфӀэу щытмэ – уиӀэщ гъащӀэ,
и нэфӀри гъатхэ уэшхым хуэдэщ.
16Дыщэ Ӏэрылъхьэ нэхърэ нэхъыфӀщ Ӏущыгъэр,
акъылри нэхъыфӀщ дыжьыным пумыдзыхмэ.
17ЦӀыху захуэхэм я гъуэгущ ем пэӀэщӀэ
ухуэзыщӀыр;
абы хуэсакъым и псэри ехъумэ.
18Унэхъунум япэ щӀыкӀэ зыкъыфӀощӀыжри,
зи унагъуэбжэр хуэзыщӀыжынур пагэ мэхъу.
19Пагэм къуентхъ дэбгуэш нэхърэ
тхьэмыщкӀэм задебгъэкӀумэ нэхъыфӀщ.
20Ущием хуэнэбдзэгубдзаплъэм#16:20 Е «Ӏуэхур губзыгъэу зезыхьэм». и Ӏуэхур
ефӀэкӀуэнщ,
Тхьэр зи плъапӀэр теувэнщ гъуэгу махуэ.
21ЦӀыху Ӏущым щхьэкӀэ жаӀэ «иӀэщ зэхэщӀыкӀ»,
и псалъэ гуапэхэри мэхъу уи фӀэщ.
22Акъылыр – зиӀэм дежкӀэ псэхэлъхьэж псынэм
хуэдэщ,
акъылыншагъэр – акъыл зимыӀэм я тезырщ.
23Ӏущым и псалъэм купщӀэ кӀуэцӀылъщ,
и жыӀэ псори мэхъу уи фӀэщ.
24ГуапэдэгъэкӀыу жыӀа псалъэр ещхьщ фо хьэкӀуэм,
псэм фӀэӀэфӀщ, Ӏэпкълъэпкъым и
хущхъуэгъуэщ.
25ЩыӀэщ гъуэгу, къыщыхъуу цӀыхум захуэу, –
ауэ и кӀэм ажалыр къыщыпэплъэу.
26МэжэщӀалӀагъэрщ къыщӀэрыӀэр цӀыху
лэжьакӀуэм,
и ныбэ лажьэрщ къезыхуэкӀыр ар.
27МыхъумыщӀэр бзаджэщӀэным егупсыс зэпытщ,
къыхех и дэтхэнэ псалъи мафӀэ лыгъейр.
28ФэрыщӀым цӀыхухэр зэщегъэхьэ,
зэфӀегъэкӀуэд бзэгузехьэм зэныбжьэгъу
пэжхэр.
29Лейзехьэм цӀыхухэр зыӀэпишэурэ
гъуэгу бзаджэм трешэ.
30НащхьэӀущхьэр игъэджэгуу къыпхуэгуфӀэм
илъкъым и гум фӀы,
зи ӀупщӀакӀэр зэтезыкъузэми къыуищӀэнур
Ӏейщ.
31Тхъугъэр – жьыщхьэ махуэм и нэщэнэщ#16:31 Журт. «щӀыхьым и къэгъагъэ блэрщ».,
гъащӀэ щыпкъэм и дамыгъэщ.
32ЙофӀэкӀыр цӀыху бэшэчыр зауэлӀ хъыжьэм,
къалэр зыщтэм нэхъри нэхъ лъэщщ шыӀагъэ
зиӀэр.
33Пхъэидзэ сыт хуэдизрэ ямыщӀами,
къикӀынур Тхьэуэ Зиусхьэным и унафэрщ.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in