YouVersion Logo
Search Icon

ДжакӀуэ 8

8
Еянэ Ӏыхьэ
1Ӏущым хэт хуэдэн?
КъэхъукъащӀэ псори хэти зэӀубз ищӀын?
ЦӀыхум и нэгур Ӏущыгъэм нуру къегъэнэху,
и Ӏуплъэгъуэри зэлъыӀуех.
Пащтыхьым хуэжыӀэщӀэ
2Тхьэм и пащхьэ псалъэ щыптащи, пащтыхьым и унафэм ублэмыкӀ. 3УхуэмыпӀащӀэ уи щӀыб пащтыхьым хуэбгъэзэну, захуагъэ зыхэмылъ Ӏуэхугъуи кӀэлъыблэжьыну: абы сыт ищӀысри лъэкӀынущ. 4Пащтыхьым и псалъэм куэд хузэфӀокӀ, «Блэжьыр сыт?» жиӀэу хэти пэувыфын?
5Ихуэнкъым тхьэмыщкӀапӀэ абы и унафэм едаӀуэр –
Ӏущщи, игъуэмрэ щӀапхъэмрэ щыгъуазэщ.
6Сыт хуэдэ Ӏуэхуми и пӀалъэ, и щӀыкӀэ иӀэжщ,
ауэ цӀыхум и тхьэмыщкӀагъэм щыщщ
7и натӀэ къритхам зэрыщымыгъуазэр,
къэхъуну псор хэти жриӀэфын абы?
8Зыми жьыбгъэр иубыдын лъэкӀынукъым#8:8 Е «И псэм хуит щыӀэкъым».,
щылӀэжыну махуэми Ӏэмал хузиӀэ щыӀэкъым.
ЗауэлӀыр зэуапӀэм къыӀукӀыфынукъым,
бзаджащӀэми бзаджэщӀагъэкӀэ зихъумэжыфынкъым.
9Мы уафэм и щӀагъым щӀэт а дунейр акъылкӀэ щызэзгъэзахуэм лъэкӀ зиӀэ цӀыхум и ягъэр загъуэрэ нэгъуэщӀым зэрыригъэкӀыр#8:9 Е «езым зэрекӀыжыр». къэслъэгъуащ.
ЗахуащӀэхэмрэ бзаджащӀэхэмрэ
10Слъэгъуащ бзаджащӀэхэм я хьэдэр щӀыпӀэ лъапӀэм ирахыу зэрыщӀалъхьэр. Слъэгъуащ захуащӀэу къэпсэуа цӀыхухэри зыдэса къалэм щӀэх дыдэ зэраӀэщӀэгъупщыкӀыжыр#8:10 Е «Слъэгъуащ бзаджащӀэхэр, зэгуэрым Тхьэм и Унэм къакӀуэу щытыгъахэр, зэрыщӀалъхьэри, ер щилэжьу зыдэса къалэми зэраӀэщӀэгъупщыкӀыжри». Пасэрей Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.. Мыри пщӀэ зи цӀэ зыпымылъ Ӏуэхущ.
11ЩӀэпхъаджащӀэр илэжьамкӀэ щӀэхыу ямыгъэпшынэмэ, цӀыхугури бзаджэ щӀэным зыӀэпишэу хуожьэ. 12ПсэкӀуэдыщӀэм мыухыжу псэкӀуэдщӀагъэ ищӀэурэ кӀыхьу къэпсэуми, сощӀэ, Тхьэм и шынагъэр зыхэзыщӀэм икӀи фӀэлӀыкӀым и Ӏуэхур нэхъ щӀагъуэ зэрыхъунур. 13Тхьэм фӀэлӀыкӀкъыми, бзаджащӀэр ефӀэкӀуэнукъым, и гъащӀэри зыми щымыщу блэкӀынущ.
14Мы дунейм къыщохъу пщӀэ зимыӀэ нэгъуэщӀ зы Ӏуэхугъуи: бзаджащӀэм хуэфащэр захуащӀэм къылъысрэ захуащӀэм епэсар бзаджащӀэм еуалӀэу. Мыр пщӀэ зи цӀэ зыпымылъ Ӏуэхуу зэрыщытри жысӀащ абы щыгъуэм.
15Абы хэту гур хэзыгъахъуэ псоми щытхъу хузоӀэт! Ешхэрэ ефэу, гуфӀэу псэуным нэхъыфӀ мы уафэм и щӀагъым зыри щыӀэкъым. Тхьэм цӀыхум къыхуиуха гъащӀэм и кӀуэцӀкӀэ Ӏуэхуу щилэжьми а гуфӀэгъуэр хэлъу ихьынущ.
16Ӏущыгъэр къэсхутэну, жэщи махуи имыӀэу цӀыхум и нэбдзыпэ щӀызэтримылъхьэ лэжьыгъэри зыхуэдэр зэзгъэлъэгъуну сигу щислъхьэм, 17Тхьэм и ӀэщӀагъэ псори къэслъэгъуащ. Мы уафэм и щӀагъым къыщыхъухэр зыгуэрми зэхищӀыкӀынкӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт хуэдизу цӀыхум а къомыр зэхихуну иужь имытами, и лъащӀэм нэсын лъэкӀынукъым. ЦӀыху Ӏущ гуэрым ар ищӀэу жиӀэми, и пэжыпӀэращи, абыи зыри къыгурымыӀуауэ аращ.

Currently Selected:

ДжакӀуэ 8: АдгФЛ

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in