ДжакӀуэ 7
7
Ебланэ Ӏыхьэ
Ущие Ӏущхэр
1Дагъэ лъапӀэ къыпщахуэ нэхърэ,
уи цӀэ фӀыкӀэ къраӀуэныр нэхъыфӀщ,
дунейм укъыщытехьа махуэм нэхърэ,
ущытекӀыжри нэхъыфӀщ.
2Ешхэ-ефэ щызэхэт унэм укӀуэ нэхърэ,
гуӀэ нэпсыр щыщӀагъэкӀ унэм ущӀыхьэмэ нэхъыфӀщ:
ажалыр псоми къапэщылъщ, ирегупсыс абы псэ зыӀутыр.
3Дыхьэшхэным нэхърэ, нэщхъеягъуэм фӀы хэлъщ:
гуауэр къызэрыщ нэгур гум йощхьэпэ.
4Ӏущым и гур гуӀэ нэпсыр щыщӀагъэкӀ унэм щыӀэщ,
Ӏулэм и гур ефэ-ешхэр щызэхэт унэм къикӀкъым.
5Ӏулэм и уэрэдым уедаӀуэ нэхърэ,
Ӏущым и гие ущӀэдэӀуныр нэхъыфӀщ.
6Ӏулэм и дыхьэшх макъыр зэщхьыр мафӀэм цӀычэу пэрыбзахэ пхъэ гъурырщ.
Мыр пщӀэ зи цӀэ зимыӀэщ.
7Зыгуэрым и мылъкур ӀэщӀэгъэкӀыным Ӏущыр делэ ещӀ#7:7 Пасэрей Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым.,
Ӏулъхьэми цӀыхур зэрегъэкӀуэкӀ.
8И ублапӀэм нэхърэ
сыт хуэдэ Ӏуэхуми и кӀэухыр нэхъыфӀщ,
пагагъэм нэхърэ шыӀагъэри нэхъыфӀщ.
9УхуэмыпӀащӀэ угубжьыну –
губжьым тӀысыпӀэ ищӀыр делэм игуращ.
10«БлэкӀар нобэрей махуэхэм нэхърэ сыткӀи нэхъыфӀтэкъэ?» жыпӀэу ущӀэмыупщӀэ, –
акъылым къыхэкӀ упщӀэкъым ар.
11Ӏущыгъэр адэжь щӀэиным хуэдэу фӀыщ#7:11 Е «Ӏущыгъэр щӀэиным щӀыгъумэ фӀыщ».,
псэ зыӀуту хъуами ар йощхьэпэ.
12Ӏущыгъэми дыжьыным хуэдэу укъехъумэ,
ауэ ар абы зыкӀэ йофӀэкӀ:
Ӏущыгъэм гъащӀэм хэлъ шынагъуэхэм пэӀэщӀэ уахуещӀ.
13Тхьэм и ӀэщӀагъэм еплъыт:
Абы игъэшар хэт хуэузэхужын?
14МахуэфӀыр къихьакъэ, дэтхъэ,
гуауэр къыщыплъэӀэсам дежи зыщумыгъэгъупщэ:
иужькӀэ къэхъунур цӀыхум зэхимыщӀыкӀын щхьэкӀэщ
мори мыри Абы къыщӀигъэщӀар.
Ӏущыгъэмрэ щыпкъагъэмрэ
15ПщӀэ зи цӀэ имыӀэу блэкӀ си гъащӀэм куэд щыслъэгъуащ:
щыпкъагъэ зыхэлъ цӀыхур и щыпкъагъэ емылъытауэ мэкӀуэд,
бзаджащӀэри и бзаджэщӀагъэ емылъытауэ нэхъри хигъахъуэу мэпсэу.
16Уи щыпкъагъэм йумыгъэлей,
губзыгъащэуи зумыгъэлъагъуэ, –
уигу щӀызэщыун#7:16 Е «зыщӀытебгъэкӀуэдэжын». щхьэусыгъуэ щхьэ ухуей?
17Бзаджэ щӀэным зыдумыгъэхьэх,
Ӏулагъэ зи цӀи зумыхьэ –
игъуэнэмыс зыщӀэпщӀыжын хуейр сыт?
18Япэ ущием уригъуазэрэ
етӀуанэри уигу иумыгъэхуу илъмэ, фӀы хъунущ –
Тхьэм и шынагъэр зыхэзыщӀэр гузэвэгъуэ куэдым пэӀэщӀэ хуэхъунщ#7:18 Гузэвэгъуэ куэдым пэӀэщӀэ хуэхъунщ – Е «ущиитӀми иригъуэзэнщ», е «ущиитӀри зэригъэзэщӀэнум иужь итынщ»..
19Къалэ тетипщӀым нэхърэ,
Ӏущыр Ӏущыгъэм нэхъ лъэщ ещӀ.
20Захуагъэм тету псэу зэпыти,
псэкӀуэдщӀагъэ зимыӀи цӀыху дунейм теткъым.
21ЖаӀэ псоми уемыдаӀуэ,
армырамэ уи унэӀутыр къызэрыпхуэпсалъэр зэхэпхыжынущ.
22Зэм-зэм нэгъуэщӀхэм уазэрыхущӀэджэу щытар
уэр дыдэми зыдыбощӀэж.
23Мы псор ӀущыгъэкӀэ згъэунэхури,
«Ӏущ сыхъунщ!» жысӀэри быдагъи сщӀат,
арщхьэкӀэ сытым хуэдэу сыпэжыжьэу къыщӀэкӀа абы!
24ЕкӀуэкӀым лъэӀэсыгъуейщ, къызэрымыкӀуэуи гурыӀуэгъуейщ –
а псори хэт зэхихуфын?
25Ӏущыгъэмрэ зэхэщӀыкӀымрэ зыгурызгъэӀуэну, къэсхутэну,
ахэр зищӀысыр зэзгъэщӀэну сигу ислъхьащ,
бзаджэу узекӀуэнри, зэхэщӀыкӀыншэу ущытынри
акъылым къызэримытӀасэр зэхэзгъэкӀыну тезубыдащ#7:25 Бзаджэу... тезубыдащ – е «мыхъумыщӀагъэр зэрымыщӀагъуэри, акъылыншагъэм кӀуэцӀылъ зэрыщымыӀэри зэхэзгъэкӀыну тезубыдащ»..
26Хъым хуэдэу узыӀэщӀэзубыдэ бзылъхугъэр,
зи гур къэпхъэнрэ зи Ӏэр лъэхъум хуэдэр,
ажалым нэхърэ зэрынэхъ гуащӀэр зэхэсщӀыкӀащ.
Тхьэр зыхуэарэзы цӀыхур а хъым ихуэнкъым,
псэкӀуэдыщӀэри ӀэщӀэкӀынкъым.
27Зым иужьым иту зыр къэсхутэурэ, – жиӀащ ДжакӀуэм, – къызгурыӀуар мыращ:
28сылъыхъуэрт, ауэ згъуэтыртэкъым:
икӀэм, миным щыщу зылӀщ захуащӀэу сызыхуэзар,
зы бзылъхугъи «мыр захуащӀэщ» хужысӀэну срихьэлӀакъым#7:28 Журт. «миным зылӀ закъуэщ яхэзгъуэтар, зы бзылъхугъи яхэслъэгъуакъым». ЗэрызэдзэкӀам къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
29Мыращ сыкъызыхуэкӀуари:
Тхьэм цӀыхур захуащӀэу къигъэщӀащ,
арщхьэкӀэ гухэлъ зэхуэмыдэ куэдхэр зэрахъэ хъуащ.
Currently Selected:
ДжакӀуэ 7: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: