ДжакӀуэ 3
3
Ещанэ Ӏыхьэ
Сыт ищӀысми пӀалъэ иӀэщ
1Сыт ищӀысри щиуха дыдэм къэхъунущ,
сыт хуэдэ Ӏуэхуми мы уафэм и щӀагъым езым и пӀалъэ щиӀэжщ:
2укъыщыхъунуми ущылӀэжынуми пӀалъэ яӀэщ,
хадэ щӀэнми къыхэхыжынми пӀалъэ яӀэщ,
3укӀынми узым еӀэзэнми пӀалъэ яӀэщ,
зэхэкъутэнми ухуэнми пӀалъэ яӀэщ,
4гъынми дыхьэшхынми пӀалъэ яӀэщ,
щыгъуэнми къэфэнми пӀалъэ яӀэщ,
5мывэр зэбгрыдзынми къэщыпыжынми пӀалъэ яӀэщ#3:5 Пасэрей журтхэм щӀыр явэн ипэ, мывэу хэлъыр къыхащыпыкӀыу щытащ, апхуэдэ дыдэуи бийм и щӀыгулъ нэхъыфӀхэр мывэкӀэ ясейрт. НэгъуэщӀ гъэнэхуэкӀи щыхуащӀ щыӀэщ.,
ӀэплӀэ ешэкӀынми ӀэплӀэм зыщыдзеинми пӀалъэ яӀэщ,
6къэлъыхъуэнми гъэкӀуэдынми пӀалъэ яӀэщ,
хъумэнми идзыжынми пӀалъэ яӀэщ,
7зэфӀэтхъынми зэгуэдэжынми пӀалъэ яӀэщ,
щымынми псэлъэнми пӀалъэ яӀэщ,
8фӀылъагъуныгъэми лъагъумыхъуныгъэми пӀалъэ яӀэщ,
зауэми мамырыгъэми пӀалъэ яӀэщ.
9ЦӀыхум Ӏуэхуу илэжьыр сыткӀэ къещхьэпэрэ? 10Слъэгъуащ сэ цӀыху цӀыкӀум Тхьэм къытрилъхьа хьэлъэр зыхуэдэр. 11КъэгъэщӀыгъэ псори зэрыщытын хуейм тету къигъэщӀащ Абы игъуэм. Пэублэри кӀэухри зимыӀэр зэрыщыӀэри цӀыхум зыхригъэщӀыкӀащ Абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм ищӀэ псори ипэм щегъэжьауэ икӀэм щыщӀэкӀыжу цӀыхум зэӀубз ищӀыну лъэкӀ иритакъым#3:11 Пэублэри...иритакъым – Е «АрщхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэху псори ипэм щегъэжьауэ икӀэм нэсыхункӀэ цӀыхум зэхищӀыкӀыну иухакъым, игуми мыщӀэныгъэр ирилъхьащ». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым.. 12ИкӀэм-икӀэжым, цӀыхур дунейм тетыху гуфӀэу, тхъэжу#3:12 Тхъэжу – Е «фӀы ищӀэу». псэуным нэхъыфӀ зэрыщымыӀэр зэхэсщӀыкӀащ. 13Ешхэрэ ефэу, и лэжьыгъэ щыгуфӀыкӀыу цӀыхур псэумэ, Тхьэр къетауэ аращ.
14Адрейуэ Тхьэм и зы ӀэщӀагъи игъащӀэкӀэ зэрымыкӀуэдынур къызгурыӀуащ: мыбы хэплъхьэни хэпхыни зыри щыӀэкъым. Тхьэм а псор щӀищӀэр цӀыху цӀыкӀур къыфӀэлӀыкӀын щхьэкӀэщ.
15ЩыӀэри, иужькӀэ къэхъунури зэгуэр щыӀагъэххэщ,
блэкӀами кърегъэгъазэр Тхьэм!#3:15 БлэкӀами кърегъэгъазэр Тхьэм! – Пасэрей Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым.
Дунейм захуагъэ зи цӀэ щыӀэкъым
16Мы уафэм и щӀагъым мыри щыслъэгъуащ:
хей щащӀ щӀыпӀэрэ пэт – хабзэншагъэр щопэкӀу,
щыпкъагъэм и хэщӀапӀэрэ пэт – къуаншагъэр щызэрахьэ.
17Сегупсысащ абы щыгъуэм:
«Сыт хуэдэ Ӏуэхуми, сыт хуэдэ хъугъэ-щӀагъэми пӀалъэ яӀэщи,
захуащӀэмрэ бзаджащӀэмрэ яхуэфащэр гува-щӀэхами Тхьэм ялъигъэсынущ».
18«Тхьэм цӀыхур гъэунэхупӀэ щӀришэр псэущхьэм зэрещхьыр яригъэлъэгъун щхьэкӀэщ», – жысӀэри сегупсысащ итӀани. 19ЦӀыхуми псэущхьэми къапэплъэр зыщ: тӀуми хьэдэгъуэшэр ятегъэпсащ. ТӀури зэрыбауэр зы хьэуащ, цӀыхури псэущхьэм зэрефӀэкӀ щыӀэкъым. Арыххэуи, пщӀэ зыми иӀэкъым. 20ИкӀэм-икӀэжым, къэгъэщӀыгъэ псори зыхуэкӀуэжыр зыщ: щӀым къыхэкӀащи, щӀым щыщ хъужынущ. 21ЦӀыхупсэр уафэм ихьэжми, псэущхьэм и псэр щӀы щӀагъым ехыжми зыми ищӀэкъым.
22И лэжьыгъэ Ӏыхьэ щыгуфӀыкӀыу псэуным нэхъыфӀ цӀыхум дежкӀэ зэрыщымыӀэр хьэкъ сщыхъуащ. Аращ абы и насып зыхэлъыр. ИужькӀэ къэхъуну псори хэт иригъэлъэгъуфын абы?
Currently Selected:
ДжакӀуэ 3: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021