YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14

14
14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фи къуэшыр фымыгъэкъуаншэ
1ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэр гъусэ фщӀы, и Ӏуэху еплъыкӀэкӀэ фемыныкъуэкъуу. 2Зы цӀыхум сыт ищӀысри ишхыну зэрыхуитымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ, ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэм хадэхэкӀхэм фӀэкӀа ишхыркъым. 3Шхэм мышхэр зэримыпэсу хъунукъым. Мышхэми шхэр игъэкъуаншэ хъунукъым, Тхьэм а цӀыхури идащи. 4Уэ хэт ухъуну, нэгъуэщӀ цӀыхум хуэлажьэр бгъэкъуэншэну? Ар гъуэгу пэжым тетми темытми, езым и Зиусхьэным и Ӏуэхукъэ? Ари гъуэгу пэжым тетынущ, Зиусхьэным тригъэтын лъэкӀынущи.
5Зы цӀыхум махуэ гуэр нэхъ егъэлъапӀэ, адрей цӀыхум махуэ псори и зэхуэдэщ. Хэти и гум зэрыжиӀэм тету псэун хуейщ. 6Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. 7Зы цӀыхуи езым и щхьэ закъуэм щхьэкӀэ псэуркъым. Абы ещхьуи, зы цӀыхуи езым и щхьэ закъуэм щхьэкӀэ лӀэркъым. 8Дыпсэуми, Зиусхьэным дыхуопсэу, дылӀэми, Зиусхьэным дыхуолӀэ. Аращи, дыпсэуми дылӀэми, Зиусхьэным дрейщ.
9Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ. 10Уи къуэшыр сыт щӀэбгъэкъуаншэр? Уэ уи къуэшыр сыт щӀызумыпэсыр? Дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэн хуейщ, хьэкум къыттрищӀыхьыну. 11Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ:#14:11 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 49:18; 45:23.
«Сэ сыпсэущ, жеӀэ Зиусхьэным,
си пащхьэм цӀыху псори
лъэгуажьэмыщхьэу къиувэнущ.
Дэтхэнэ зы бзэми
сэ сызэры-Тхьэр къыжиӀэнущ».
12Апхуэдэу, дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэнущ, щхьэж езым щхьэкӀэ жэуап иритыну.
Фи къуэшым гуэныхь евмыгъащӀэ
13Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ. 14Зиусхьэну Хьисэ си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ шхын гуэр зэрымыхьэрэмыр сощӀэ, фӀэкӀыпӀэ имыӀэуи си фӀэщ мэхъу. Ауэ зыгуэрым хьэрэму илъытэмэ, езымкӀэ хьэрэм мэхъу. 15Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд. 16Фэ фӀыуэ флъытэр цӀыхухэм Ӏейуэ ялъытэну иремыхъу. 17Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ. 18Ахэр игу илъмэ, Мэссихь хуэлажьэ цӀыхур Тхьэм и гум ирохь, цӀыхухэми я гуапэщ ар.
19Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт. 20Шхыным щхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур умыгъэкӀуэд. Шхын псори хьэлэлщ, ауэ уэ пшхы шхынымкӀэ зыгуэрым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэмэ, гуэныхь мэхъу. 21Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхум ухэмытыныр фӀыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкӀыж зыщӀ Ӏуэхуми ухэмытыныр фӀыщ.
22Мы Ӏуэхухэм теухуауэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэр Тхьэмрэ уэрэ фяку дэлъ ирехъу. Шхын ишхым щхьэкӀэ зызымыгъэкъуэншэжыр гъуэгу махуэ теуващ. 23Ауэ шхын ишхыр зэрыхьэлэлымкӀэ гурыщхъуэ ищӀу шхэм фӀэщхъуныгъэ имыӀэу зэрышхэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхур егъэкъуаншэ, фӀэщхъуныгъэ димыӀэу сыт ищӀыс тщӀэми, гуэныхь мэхъури.
Паул Тхьэм фӀыщӀэ зэрыхуищӀыр
24Си хъыбарыфӀу, Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀу, цӀыхур зэзгъэдаӀуэм теухуауэ, хъыбару мыухыжын лъэхъэнэхэм щыщӀэдзауэ Тхьэм щэхуу къигъэнауэ, ауэ иджы къигъэнэхуам тету Тхьэм фигухэр игъэбыдэн лъэкӀынущ. 25Тхьэуэ мыкӀуэдыжынум и унафэкӀэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм а хъыбарыр къагъэнэхуэурэ, ирагъэщӀащ иджы, лъэпкъ псоми ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъууэ езым едэӀуэн щхьэкӀэ. 26АкъылыфӀагъэ зиӀэ Тхьэ закъуэм Хьисэ Мэссихь илэжьам щхьэкӀэ мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин.

Videos for ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14