YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тепщэныгъэ зиӀэхэм фахуэӀурыщӀэ
1Тепщэныгъэ зиӀэхэм яхуэӀурыщӀэу щрет хэти. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм имыухамэ, зыми тепщэныгъэ иӀэ хъунукъым. Тепщэныгъэ зиӀэу щыӀэхэр зыгъэувар Тхьэрщ. 2Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм япэув цӀыхур Тхьэм игъэува цӀыхухэращ зыпэувыр. Апхуэдэу зыщӀэхэм къуаншагъэ зылъагъэсыж. 3Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ зыщӀэхэр тепщэныгъэ зиӀэхэм ящышынэнкъым, бзаджагъэ зыщӀэхэрщ абыхэм ящышынэн хуейр. Тепщэныгъэ зиӀэхэм уащымышынэну ухуей? ФӀыгъуэ лэжь, ахэр къыпщытхъужынущ. 4И фӀагъ къыуигъэкӀыну, тепщэныгъэ зиӀэр Тхьэм и лӀыщӀэщ. Ауэ бзаджагъэ пщӀэмэ, абы ущышынэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэм джатэр пщӀэншэу иӀыгъкъым. БзаджащӀэхэм яхуэфащэ гугъуехьыр ятрилъхьэну, ар Тхьэм хуолажьэ. 5Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм уахуэӀурыщӀэн щӀыхуейр къыпхуэфащэ гугъуехьыр Тхьэм къыптрилъхьэнкӀэ узэрыщышынэ къудейр аракъым, атӀэ уахуэӀурыщӀэну зэрытэрэзыр уигукӀэ зэрыпщӀэри абы хэтщ.
6Аращ хьэкътын ахъшэр#13:6 хьэкътын ахъшэр – цӀыхухэр къалэ гуэрым щыдыхьэкӀэ е щыдэкӀкӀэ, псэуалъэу, хьэпшыпу икӀи гъавэу яӀэм Рим къэралым ахъшэу ятрилъхьэу щытар арщ. абыхэм щӀефтыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэхэм а Ӏуэхур щагъэзащӀэкӀэ, Тхьэм хуолажьэ. 7Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.
Зэш хуэдэ фӀыуэ фызэрылъагъу
8ФӀыуэ фызэрылъагъуным и щӀыхуэм нэмыщӀ, зым и щӀыхуи зытевмыгъэлъ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум Торэт хабзэр егъэзащӀэ. 9«Зинэ умыщӀэ», «ЦӀыху умыукӀ», «Умыдыгъуэ», «НэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы тумылъхьэ», «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ» унафэхэмрэ#13:9 мы унафэу – еплъ 2 Мусэ 20:13-15, 17. адрей унафэ псомрэ къызэщӀэзубыдэр мыращ:#13:9 мы унафэр арщ – еплъ 3 Мусэ 19:18. «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». 10Зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум и ягъэ иригъэкӀыркъым. Аращи, фӀылъагъуныгъэ уиӀэмэ, Торэт хабзэр бгъэзащӀэу арщ.
Мэссихь дунейм къыщытехьэжыну махуэр къэблэгъащ
11Аращи, апхуэдэу фыпсэу. Зэманыр здынэсар фощӀэ, фыкъыщыушын хуей сыхьэтыр къэблэгъащ. ФӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъуа махуэм нэхърэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщригъэлыну махуэр иджы нэхъ ди гъунэгъу хъуащ. 12Жэщыр хэкӀуэтащ, махуэр къэблэгъащ. КӀыфӀыгъэм и Ӏуэху бзаджэхэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз, нэхум и Ӏэщэхэр къэдвгъащтэ. 13Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт. 14Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ.

Videos for ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13