1
Апокалипсис 8:1
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Ебланэ мыхъурыр Щынэм щытричым, сыхьэт ныкъуэ хуэдизкӀэ уафэм щым щыхъуащ.
Compare
Explore Апокалипсис 8:1
2
Апокалипсис 8:7
Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.
Explore Апокалипсис 8:7
3
Апокалипсис 8:13
Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.
Explore Апокалипсис 8:13
4
Апокалипсис 8:8
ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ.
Explore Апокалипсис 8:8
5
Апокалипсис 8:10-11
Ещанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэ пхъэдзакӀэм хуэдэу, вагъуэшхуэ гуэр мафӀэ щӀэнауэ уафэм къехуэхри, псышхуэхэмрэ псынащхьэхэмрэ я Ӏыхьэ щанэм къыхэхуащ асыхьэту. Вагъуэшхуэм и цӀэр Удз Дыджщ. Псыхэм я Ӏыхьэ щанэр дыдж хъуащ, а псы дыджым ефа цӀыху куэди лӀащ.
Explore Апокалипсис 8:10-11
6
Апокалипсис 8:12
ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым.
Explore Апокалипсис 8:12