Bible App logo
Search Icon

Апокалипсис 14:9-11

Апокалипсис 14:9-11 KBDNTGP2017

Ещанэ мелыӀыч гуэр а мелыӀычитӀым кӀэлъыкӀуэри, макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: – ЦӀыху гуэрым хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ игъэлъапӀэу, хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тедзауэ щытмэ, ари Тхьэм и губжьым и фадэ дыджым ефэнущ. А фадэу псы зыхэмытыр Тхьэм и губжьым и фалъэм хьэзыру итщ. МелыӀыч лъапӀэхэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ щахэту, а цӀыхум гугъуехьышхуэ ишэчынущ. Гугъуехьышхуэ езыгъэшэч мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ къыпихыурэ, уафэм дэкӀуеинущ. Хьэщхьэвылъэри абы и сурэтри зыгъэлъапӀэ цӀыхухэм жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ ягъуэтынукъым. Апхуэдэу, хьэщхьэвылъэм и цӀэр зытет дамыгъэр зытедза дэтхэнэми жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ игъуэтынукъым.

Free Reading Plans and Devotionals related to Апокалипсис 14:9-11