Апокалипсис 13:11-12
Апокалипсис 13:11-12 KBDNTGP2017
НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт. Мы етӀуанэ хьэщхьэвылъэм япэрей хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэ псори иӀэу, абы и пащхьэм Ӏуэху щищӀащ икӀи щӀылъэми щӀылъэм тет цӀыху псоми япэрей хьэщхьэвылъэу зи уӀэгъэр хъужар яригъэгъэлъэпӀащ.





