Уэрэд 77
77
77-нэ Уэрэд
Израилым и тхыдэм щыщу зэдгъэщӀапхъэхэр
Асаф и усэ
1КъедаӀуэ, си цӀыху лъэпкъ, ныбжесӀэм,
си жьэ къыжьэдэкӀ псалъэхэм
фи тхьэкӀумэр къыхуэвгъазэ.
2Пасэрей псалъэ къыхэздзэн сфӀэигъуэщ,
пасэрейм хъыбар щэхуу
жаӀахэр къэсӀуэтэнщ –
3зэхэтхауэ, дэ зэдгъэщӀауэ,
ди адэжьхэм къытхуаӀуэтэжауэ.
4Ди сабийхэм ящыдущэхункъым
Зиусхьэным илэжьауэ,
щытхъу зыпылъ Ӏуэху щӀагъуэхэр.
Абы и гуащӀэ, и ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр
ди ужь къихъуэну щӀэблэм
яхуэтӀуэтэжынщ.
5Екъуб къытехъукӀахэм#77:5 Екъуб къытехъукӀахэр – Израил лъэпкъыращ.
псалъэ гъуазэ къахуигъэнэхуащ Абы.
Израил лъэпкъым хабзэ яхуигъэуващ.
Ди адэжьхэм унафэ къахуищӀащ
ахэр я сабийхэм хуаӀуэтэжыну –
6къэхъуну щӀэблэхэм
иджыри къамылъхуа сабийхэм ящӀэнщи,
пӀалъэр къэсмэ,
дяпэкӀэ къалъхунухэм хуаӀуэтэжынщ
абыхэми.
7Я гугъэ хуагъэзэнщ Тхьэм итӀанэ,
Тхьэм и Ӏуэхухэр ящымыгъупщэу,
и унафэхэр ягъэзэщӀэнщ.
8Я адэжьхэми хуэдэнкъым –
ерыщхэу, Тхьэм пэувхэу,
теубыдагъэ зимыӀэхэу,
зигу – зи псэкӀэ Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм.
9Эфраим дзэлӀхэр
шабзэкӀэ зэщӀэузэдауэ,
зауэ махуэм къикӀуэтащ.
10Тхьэм ядищӀа зэгурыӀуэныгъэм
текӀащ ахэр,
Абы и хабзэкӀэ псэун ядакъым.
11Ящыгъупщащ и Ӏуэхухэри,
телъыджэу къаригъэлъэгъуахэри.
12Мысыр щӀыгум ит Цоан губгъуэм,
я адэжьхэм ялъагъуу,
Абы телъыджащэхэр къыщигъэлъэгъуащ;
13Хыр зэгуихури,
псыр блыну игъэуври,
зэпришащ ахэр;
14махуэм – пшэр,
жэщ псом мафӀэм и нэхур япэ иту,
къришэкӀащ ахэр.
15Губгъуэ нэщӀым бгыр щикъутэри,
лъащӀэ куу дыдэм кърихри,
псы иригъэфащ загъэнщӀыху.
16Бгым псы къыщӀигъэжри,
псы уэр къриутӀыпщхьэхащ.
17Ауэ гуэныхь щӀэныр
Абы и пащхьэм щызэпагъэуакъым.
Псоми Я Нэхъ Лъагэм пэуву,
губгъуэ нэщӀым зыщагъэкъейгъащ.
18Ягу ирихь гъуэмылым щӀэдэууэ,
ягукӀэ зэдащӀэурэ Тхьэр ягъэнэхуащ.
19Тхьэм игу хагъэщӀу, жаӀащ:
«Къум нэщӀым Ӏэнэ щигъэувын
лъэкӀыну Тхьэм?
20Щыпкъэщ. Ар къырэм еуэри,
псы къыщӀигъэжащ,
псынэхэри къыщиудащ.
ЩӀакхъуэ къыдитын лъэкӀын
и цӀыху лъэпкъым,
лыкӀэ къахуэупсэфын?»
21Ар зэхихри,
Зиусхьэныр губжьым зэщӀиубыдащ,
Екъуб къытехъукӀахэм мафӀэ яридзри,
и губжьыр израил лъэпкъым хуигъэлъэщащ.
22Тхьэр я фӀэщ хъуртэкъыми,
Абы къригъэлыным щыгугъакъым ахэр.
23ИщхьэкӀэ щыӀэ пшэхэм
унафэ яхуищӀри,
уафэгум и бжэхэр къызэӀуихащ;
24мэнн шхыныгъуэр
уэшхым хуэдэу къахуригъэхри,
къаритащ уафэгу гъуэмылэр.
25МэлыӀыч гъуэмылапхъэр
цӀыхум яшхащ,
Абы къарита шхынымкӀэ
псоми загъэнщӀащ.
26Абы уафэгум къригъэхри,
жьыбгъэр къригъэпщащ,
Езым и гуащӀэкӀэ
жьапщэр кърихужьащ.
27ИтӀанэ, сабэм хуэдэу,
лыр абыхэм къахуригъэхащ,
хы Ӏуфэ пшахъуэм хуэдэу – къуалэбзури;
28я увыпӀэм, я шэтырхэм деж
ахэр къригъэтӀысэхащ.
29Шхащ ахэр, загъэнщӀащ,
къаритащ зыщӀэхъуэпсар.
30Ауэ я гъаблэгу имыкӀ щӀыкӀэ,
шхыныр я жьэм иджыри жьэдэлъу,
31Тхьэм и губжьыр абыхэм къахуэкӀуэри,
я нэхъ гуащӀафӀэхэр яхиукӀыкӀащ,
израил щӀалэ хэплъыхьахэр
Абы игъэкӀуэдащ.
32ИтӀани гуэныхь лэжьыныр
абыхэм зэпагъэуакъым,
Абы и телъыджащэхэр ялъэгъуа пэтрэ,
я фӀэщ хъуакъым.
33Абы щхьэкӀэ я махуэхэр
зэ жьыкъэшэгъуэкӀэ игъэбзэхащ,
я илъэсхэри яригъэхьащ
шынагъуэ хэт зэпыту.
34Ящыщ куэд щахиукӀыкӀым,
къэнам Абы зыхуагъэзэри,
Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэу щӀадзащ;
35ягу къэкӀыжащ
Тхьэр езыхэм зэряабрэмывэр,
Псоми Я Нэхъ Лъагэр
щхьэщэхужу зэраӀэр.
36Ягу имылъу щӀыхь хуащӀурэ,
пцӀы щаупсащ Абы и пащхьэм.
37Щыпкъагъэ хураӀакъым
Абы ягукӀэ.
Абы къарищӀылӀэгъа зэгурыӀуэныгъэми
хуэщыпкъэжакъым.
38ИтӀани гущӀэгъу къахуищӀри,
я бзаджагъэ яхуигъэгъуащ, игъэкӀуэдакъым,
и губжьыр куэдрэ ирикъухыжащ,
гъунэм нэсу зэщӀимыгъаплъэу.
39Абы щыгъупщатэкъым – ахэр цӀыху къудейщ,
жьы къепща нэхъей, кӀуэдыжынущ,
абы къыгъэзэжыркъым.
40Къум нэщӀым дапщэрэ
Абы щыпэува ахэр,
загъэкъейгъэуэ,
цӀыху зэрымыс хэкум
и гуи щыхагъэщӀа!
41ЩӀэрыщӀэуи Ар ягъэунэхуащ,
Израилым и Тхьэ ЛъапӀэм
щхьэкӀуэ ирахащ.
42Абыхэм ящӀэжыртэкъым
Тхьэм и гуащӀэ здынэсри,
бийм къащыӀэщӀихыжа махуэри,
43Мысырым ит Цоан губгъуэм
телъыджащэу, нэщэнэ щӀагъуэу
къыщигъэлъэгъуахэри.
44Япсхэри я псыкъуэжхэри
лъы защӀэ ищӀащ абы,
ефэ мыхъужыну;
45гъудэбадзэр къахуигъэкӀуащ,
къедзэкъэнхэу;
екӀуэдылӀэну – хьэндыркъуакъухэр;
46щӀыгу къыщыкӀхэр – хьэпӀацӀэм,
я гъавэр мацӀэм яритащ;
47я санэр икъутащ уэфкӀэ,
я ахъуо жыгхэр псыдзэм иригъэхьащ;
48я былымхэр зэтриукӀащ,
я мэл хъушэхэм щыблэр къахидзащ.
49МафӀэлыгъей яридзащ Абы,
губжьри, гузэвэгъуэри, тхьэмыщкӀагъэри –
зыгъэкӀуэд мелыӀыч гупым хуэдэу.
50И губжьым гъуэгур хузэӀуихащ,
ажалым щихъумакъым ахэр,
емынэм иригъэхьащ.
51Мысырым, Хьамэ и хэкум,
щыпэлъху щӀалэ цӀыкӀухэр щигъэкӀуэдащ;
52и лъэпкъыр, мэл хуэдэ, иришэжьащ,
мэл хъушэм хуэдэу къум нэщӀым иришащ;
53Ишащ ахэр шынагъуэ къалъимыгъэӀэсу,
ауэ я бийхэр хым щӀригъэлъэфащ;
54и хэку лъапӀэм иришащ ахэр,
Езым и Ӏэ ижьымкӀэ къызыхуихьыжьам;
55цӀыху лъэпкъхэр абы ирихури,
я щӀыгур ятригуэшащ абыхэм,
Израилым и цӀыху лъэпкъхэр
я унэхэм щӀигъэтӀысхьащ.
56Ауэ Тхьэуэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр
ягъэунэхуащ абыхэм иджыри,
пэувурэ загъэкъейгъэт,
и псалъэ гъуазэхэм едаӀуэртэкъым;
57икӀуэтыжащ, я адэхэм хуэдэу,
я дуней тетыкӀэ щыпкъагъэ хэлътэкъым,
шабзэшэ щхьэрыуа нэхъей,
гъуэгум дэхырт.
58ЩӀыпӀэ лъагэхэм тхьэ нэпцӀхэм
тхьэлъэӀупӀэхэр хутрагъэувэурэ,
ягъэгубжащ Ар.
Тхьэ нэпцӀ сурэтхэмкӀэ
фыгъуагъэ игу кърагъэхьащ.
59Абыхэм ящӀар щилъагъум,
Ар губжьышхуэм зэщӀищтащ,
Израил зэримыпэсу хъуащ.
60И псэупӀэр Шило#77:60 псэупӀэр Шило – пащтыхь Даут и зэманым ипэ израил лъэпкъым иӀа тхьэлъэӀупӀэращ. щибгынащ –
цӀыхум щахэтам щыгъуэ иӀа унэр.
61ЗэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэр#77:61 зэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэр – Тхьэм и цӀыху лъэпкъым дищӀа зэгурыӀуэныгъэр зыдэт тхылъыр а пхъуантэм дэлъащ.
бийм и Ӏэм ирилъхьащ Абы –
И лъэкӀыныгъэр, и щӀыхьыр зыдэлъар.
62И цӀыху лъэпкъыр джатэм и щӀагъ ищӀащ,
Езым и цӀыхухэм яхуэгубжьащ Ар.
63Я щауэхэр зауэм и мафӀэм ихьагъэххэти,
нысашэ уэрэд жаӀэжыртэкъым
я пщащэхэм.
64Я щоджэнхэр#77:64 щоджэнхэр – дин пащэхэр. джатэм хигъэщӀащ,
я лӀахэр ягъэеин ялъэмыкӀыжу
фызабэхэр къызэхэнащ.
65Ауэ Зиусхьэныр къызэщыужам хуэдэу,
санэм игъэжакъуэ цӀыхум ещхьэу,
66зэкӀэщӀихуащ и цӀыху лъэпкъым и бийхэр,
емыкӀу мыухыж къахуихьащ.
67Исуф къытехъукӀахэм хуэмейуэ,
Эфраим лӀакъуэри Абы къыхихакъым,
68къахихар Иудэ и лӀакъуэрщ,
Цион Ӏуащхьэу фӀыуэ илъэгъуар.
69И унэшхуэр игъэуващ
уафэ лъагэхэм хуэдэу;
щӀыгуу игъэпсам хуэдэу,
игъэбыдащ ар игъащӀэкӀэ.
70Езым и и ӀурыщӀэ Даут къахихащ,
мэлхэр зыдэт пщӀантӀэу
71хъушэм щакӀэлъыплъым къыдишри,
Израилым и пащтыхь ищӀащ,
мэлыхъуэм хуэдэу,
Тхьэм и цӀыху лъэпкъыр къришэкӀыну.
72Гу къабзэкӀэ абыхэм хуэлэжьащ,
И Ӏэ угъурлымкӀэ къришэкӀащ ахэр.
Currently Selected:
Уэрэд 77: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017