YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 76

76
76-нэ Уэрэд
Тхьэм гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм я гукъеуэр ящхьэщех
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Пшынауэ пашэ Эдутун папщӀэ. Асаф и уэрэд
2Си тхьэусыхафэр Тхьэм изохьэлӀэ,
си макъ соӀэт,
Абы сыкъыхихын папщӀэ.
3Гугъуехьым сыщыхэт махуэм
Зиусхьэным сылъохъу;
си Ӏэр щӀэмычэу шиящ жэщым;
гупсэхугъуэ згъуэтын слъэкӀыркъым.
4Тхьэр сигу къыщыкӀыжкӀэ сыхощэтыкӀ;
си гупсысэхэм гупсэхугъуэ къызатыркъым.
5Си напӀэ зэтезбгъалъхьэркъым;
гукӀуэдыгъэм сыкъигъэпсалъэркъым.
6Согупсыс махуэ блэкӀахэм,
илъэс блэкӀахэм я зэманым;
7жэщ гупсысэхэм сагъэтыншыркъым,
согупсыс, сызоупщӀыж:
8«Зиусхьэным дыхыфӀидзэпауэ,
зыкӀи къытхуэмыфӀыжу ара?
9Абы и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
зэпыуагъэпэ,
дыкъызэригъэгугъар
ямыгъэщыпкъэжыну ара щӀэблэхэм?
10Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу
къытхуищӀыну?
Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу
къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»
11Абы щхьэкӀэ жызоӀэ: «Мыращ сигу къеуэр –
Псоми Я Нэхъ Лъагэм и Ӏэ зэблихъуащ».
12Зиусхьэн, сигу изгъэлъынщ
уи ӀэщӀагъэхэр;
Ӏуэху щӀагъуэу ижькӀэ Уэ блэжьахэр
сигу къэзгъэкӀыжынщ.
13Ӏуэхуу зепхьа псори
сигу изгъэлъынщ,
Ӏуэхушхуэу зэфӀэпхахэм сегупсысынщ.
14Ди Тхьэ! Уи гъуэгур лъапӀэщ.
Ди Тхьэ, Уэр хуэдэу хэт иныр?
15ГъэщӀэгъуэн дыдэхэр
зылэжьыф Тхьэр Уэращ.
ЛъэкӀыныгъэшхуэу Уэ уиӀэр
цӀыху лъэпкъхэм къебгъэлъэгъуащ.
16Уи гуащӀэ инкӀэ къэпщэхужащ
уи цӀыху лъэпкъым и щхьэр –
Екъубрэ Исуфрэ къытехъукӀахэр.
17Уэ, ди Тхьэ, уалъэгъуащ псыхэм,
псыхэм ущалъагъум, къэшынэри,
псыщӀэ куухэр тхытхащ.
18Пшэхэм псыр къракӀыхыу,
уэгум щыблэр щыуэу,
уи бжыкӀхэр дэнэкӀи щыджэгуащ.
19Уи щыблэр къэуащ
хьэрыгъажэ шэркъым и макъым хуэдэу,
бжыкӀхэм дунеишхуэр къагъэнэхуащ;
щӀыр зджызджащ, зэщӀэхъаери.
20Уи гъуэгур хым хыхьащ,
уи лъагъуэр псышхуэхэм зэпрыкӀащ,
ауэ уи лъэужьхэр къыхэщакъым.
21Мусэрэ Хьарунрэ я ӀэкӀэ,
Ӏэщ хъушэ хуэдэу,
къепшэкӀащ уи цӀыху лъэпкъыр.

Currently Selected:

Уэрэд 76: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Video for Уэрэд 76