Уэрэд 75
75
75-нэ Уэрэд
ТекӀуэныгъэ къэзыхь Тхьэр
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэкӀэ дожьу. Асаф и уэрэд. Уэрэд
2Тхьэр щащӀэ Иудэ хэкум;
Израилым щагъэлъапӀэ Абы и цӀэр.
3Абы и псэупӀэр Щалем щигъэуващ,
и унэр – Цион Ӏуащхьэм.
4Шабзэшэ псынщӀэхэр, джатэр, мэӀур,
къинэмыщӀ Ӏэщэхэр Абы щикъутащ абдежым.
5Уэ сыту уин,
уи щӀыхьышхуэр зэи мыкӀуэдыж
бгы лъагэхэм нэхърэ нэхъ инщ.
6ЗауэлӀ бланэхэм трахащ я Ӏэщэр,
къэмыушыжыну жеящ,
я Ӏэхэр къаӀэтын ялъэкӀыркъым зауэлӀхэм.
7Уэ уащыхуэгубжьым, Екъуб и Тхьэ,
шыри шым тесри хэщӀащ.
8Ущынагъуэщ Уэ;
Уи губжьыгъуэм
уи пащхьэ итын хэт лъэкӀын?
9Уафэм къикӀыу, Уэ уи хьэкум
цӀыхухэм ебгъэщӀащ;
щӀыр къаскӀэри, Ӏэсэ хъуащ –
10щӀым егъэзыгъэу тет псори
къригъэлын папщӀэ,
хьэкум ищӀэну Тхьэр къыщежьэм.
11ЦӀыхум я губжьыр#75:11 цӀыхум и губжьыр – евреибзэкӀэ и мыхьэнэ ӀупщӀкъым.
Уэ щӀыхь пхуэхъужынщ:
губжьым и кӀэкъинэр
Уэ бгъэӀэсэнщ.
12ЗэгурыӀуэныгъэ дэфщӀ Тхьэм,
Зиусхьэным, фи Тхьэм,
ефта псалъэр вгъэзащӀэ;
Ар къэзухъуреихьхэм тыгъэхэр хурехь
шынагъуэшхуэр зыхуаӀэм.
13Абы пщыхэр егъэӀэсэ,
пащтыхьышхуэхэри егъэшынэ.
Currently Selected:
Уэрэд 75: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017