Уэрэд 74
74
74-нэ Уэрэд
Тхьэуэ хьэкумыщӀэр
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд. Уэрэд
2ЩӀыхь пхудощӀ Уэ, ди Тхьэ,
щыпкъагъэкӀэ дыпщотхъу.
Уи инагъри уи Ӏуэху щӀагъуэхэри доӀуатэ#74:2 уи инагъри уи Ӏуэху щагъуэхэри доӀуатэ – евреибзэкӀэ «уи цӀэр гъунэгъущ ыкӀи ягъэӀу ар»..
3«ПӀалъэ згъэувынщи,
хьэкум ятесщӀыхьынщ Сэ щыпкъагъэкӀэ.
4ЩӀыгур мэхъей, мэкӀэзыз абы тет псори;
абы и пкъохэр сэ согъэбыдэ».
5ЯжызоӀэ зыкъызыфӀэщӀыжхэм:
«ФыкъызыфӀэмыщӀыж»;
ЯжызоӀэ цӀыху бзаджэхэми:
«Фи гуащӀэ ину къызыфӀэвмыгъэщӀ.
6Фи гуащӀэ ин дыдэу къызыфӀэвмыгъэщӀ,
фыщыкӀауэ фымыпсалъэ».
7Сыту жыпӀэмэ цӀыхур зыӀэтыр
къыздикӀыр къуэкӀыпӀэркъым,
къухьэпӀэркъым, губгъуэ нэщӀыркъым, –
8Тхьэращ хьэкумыр зыщӀэр:
зыр егъэлъахъшэ, адрейр хеӀэтыкӀ.
9Сыту жыпӀэмэ Ӏэгубжьэр
Зиусхьэным ӀэщӀэтщ,
абы санэр къыщокъуалъэ,
изыбзэу зэхэгъэкӀухьауэ;
абы итыр къахурегъахъуэ.
Иужьрей дыдэ ткӀуэпсым нэсу,
цӀыху бзаджэхэр абы ефэнщ псори?
10Сэ игъащӀэкӀэ яхуэсӀуэтэнщ
Екъуб и Тхьэм и щӀыхьыр,
щӀыхь хуэсщӀынщ уэрэдкӀэ.
11БзаджащӀэхэм я гуащӀэр
Тхьэм икъутэнщ,
Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэр
лъагэу иӀэтынщ.
Currently Selected:
Уэрэд 74: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017