YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 39

39
39-нэ Уэрэд
Щытхъу Уэрэд. ДэӀэпыкъуэгъум хуагъэхьа тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2ЗысшыӀэурэ, Зиусхьэным сежьэрти,
Абы зыкъысхуигъазэри,
си джэ макъ къызэхихащ;
3ЛӀэныгъэм и мащэм#39:3 ЛӀэныгъэм и мащэм – евреибзэкӀэ «кӀуэдыпӀэм и машэм».
сэ Абы сыкърихыжащ, –
сэрэш фӀейм#39:3 сэрэш фӀей – «хьэдрых». сыкъыхишыжри,
си лъэр мывэм тригъэуващ, сигъэбыдащ.
4Си Ӏупэм къритащ уэрэдыщӀэ –
ди Тхьэм хуэгъэза щытхъу уэрэд.
Бэм къалъагъунщи, шынэнщ,
ахэр щыгугъынщ Зиусхьэным.
5Зиусхьэным щыгугъ цӀыхур
насыпыфӀэщ –
пагагъэм, нэпцӀым
захуэзымыгъазэ цӀыхур.
6Зиусхьэну си Тхьэ,
уи Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэри,
дэркӀэ уи гухэлъхэри бэщ;
хэт хъун Уэр хуэдэ!
Абыхэм я хъыбар
цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн сфӀэигъуэщ,
ауэ гъунэншэщ я бжыгъэр.
7Ухуеякъым къурмэн тыгъэ лъапӀи;
си тхьэкӀумэхэм зэхахын ялъэкӀыну
пщӀащ Уэ;
гуэныхьхэм папщӀэ жьэрымэ згъэунуи
къурмэн сщӀынуи Уэ укъыщӀэдэуакъым.
8Абы щыгъуэм жысӀащ сэ:
мыращ, сыкъэкӀуащ;
Тэурэтыр зэрыт тхылъым
сэ къызэхьэлӀауэ итщ:
9Си Тхьэ, сыгуфӀэурэ согъэзащӀэ
Уэ пфӀэигъуэр,
Уи хабзэр сигу илъщ.
10Уэ цӀыхухэр къиным зэрыхэпшыжым
и хъыбар зэӀущӀэшхуэм щысӀуэтащ сэ;
си бзэгум пэрыуэгъу сыхуэхъуакъым;
Уэ, Зиусхьэн, ар уощӀэ.
11КӀуэдыпӀэм дыкъызэрипшыжар
цӀыхухэм ящызбзыщӀакъым,
щыпкъагъэ къызэрытхууиӀэмрэ
дыкъызэребгъэламрэ яхуэсӀуэтащ,
зэӀущӀэшхуэм сыщыхэтам,
уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ
щыпкъагъэу зепхьэмрэ сущэхуакъым.
12Уи гущӀэгъум сыхыумын, Зиусхьэн;
уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ
щыпкъагъэу къысхууиӀэмрэ
сыт щыгъуи сакъегъэхъумэ.
13Сыту жыпӀэмэ гъунэ зимыӀэ тхьэмыщкӀагъэм
сыхэхуащ сэ;
сяпэ ищащ бзаджагъэ къызэзыщӀэхэр,
сыплъэн слъэмыкӀыу сащӀащ;
щхьэц налъэу стетым нэхърэ нэхъыбэщ ахэр;
сигуми сыкъибгынащ.
14ФӀы къысхуэщӀи, сыхэшыж, Зиусхьэн;
Уи дэӀэпыкъуныгъэм куэдрэ сыпумыгъаплъэ,
Зиусхьэн.
15ЕмыкӀу кърехь, нэпэншэ ирехъу
си псэм къещэ псори!
Ирырегъэзэж я деж,
ауан ирырещӀ
мыхъун къызэхъулӀэн зыфӀэигъуэхэр.
16Ирегъэшынэж емыкӀуу къахьам
мыр къызжезыӀэхэр: «Дэгъуэщ! Дэгъуэщ!»
17ИрегуфӀэ, иренэжэгужэ Уэ къыплъыхъуэхэр,
къызэребгъэлынур зи гуапэхэр;
зэпымыууи жрыреӀэ:
«Зиусхьэныр ин дыдэщ!»
18Си гугъу пщӀымэ, сэ сытхьэмыщкӀэщ,
мылъку сиӀэкъым,
ауэ Зиусхьэныр къысхуэгумащӀэщ.
Си дэӀэпыкъуэгъур, сыхэзышыжыр Уэращ;
си Тхьэ! Зыкъомыгъэгувэ.

Currently Selected:

Уэрэд 39: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in