YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 36

36
36-нэ Уэрэд
ЦӀыху бзаджэмрэ цӀыхуфӀымрэ я насыпыр
Даут и уэрэд
1ЦӀыху бзаджэхэм зумыгъэгъапэ,
мыхъуну зекӀуэхэм уемыхъуапсэ –
2сыту жыпӀэмэ удз хуэдэ кӀуэдыжынущ,
удз щхъуантӀэм хуэдэу гъуэлэжынущ.
3Зиусхьэным ущыгугъыурэ, фӀы лэжь;
шынагъуэншэу щӀым ущыпсэунщ итӀанэ.
4ГуфӀэгъуэ хэгъуатэ Зиусхьэным –
уигу фӀэигъуэр Абы къыпхуищӀэнущ.
5Зиусхьэным уи гъуэгу хуэгъазэ, щыгугъи,
Абы къыпхуищӀэнщ.
6Уи хеягъэ нэхунэм хуэдэу,
уи захуагъи шэджагъуэм хуэдэу
къыхигъэщынщ Абы.
7Зиусхьэным и пащхьэ щыӀэсэ,
зышыӀэ, Абы щыгугъ.
Уемыхъуапсэ зи Ӏуэху къызыдэхъум,
хьилагъэ зезыхьэм зумыгъэгъэгумэщӀ.
8Губжьыным зыщыдзей,
зызыщӀумыгъаплъэ,
абы къыхэкӀыр фӀыкъым.
9Сыту жыпӀэмэ лъапсэншэ хъунущ цӀыху бзаджэхэр,
Зиусхьэным щыгугъхэм
ӀыхьэфӀ яхуэхъунущ щӀыгур#36:9 щӀыгур – Тхьэм къызэригъэгугъа Израил хэкуращ..
10Иджыри тӀэкӀу дэкӀмэ,
цӀыху бзаджэр щыӀэжынукъым;
абы и щӀыпӀэ уеплъмэ –
ар нэщӀ хъунущ.
11Пагагъ зигу имылъхэм яӀэщӀыхьэжынущ щӀыгур,
дунейм и къулеигъэм
гуфӀэгъуэ щагъуэтынущ абыхэм.
12Тхьэм хуэщыпкъэ цӀыхум
гухэлъ Ӏейхэр хузэхалъхьэ цӀыху бзаджэхэм,
и дзэхэр абы хузэрегъэшх.
13А цӀыху бзаджэм щодыхьэшх Зиусхьэныр,
щыкӀуэдыжыну махуэр
абы къызэрыхуэкӀуэр елъагъури.
14ТхьэмыщкӀэри зыри зимыӀэхэри ягъэкӀуэдыну,
гъуэгу захуэм ирикӀуэхэр яукӀын я хьисэпу,
цӀыху бзаджэхэм я джатэхэр кърах,
къашэщӀ я шабзэ.
15Абыхэм я джатэхэр
езыхэм ягу хаӀужынщ,
я шабзэхэри зэпыщӀыкӀынщ.
16Тхьэм хуэщыпкъэм и мащӀэр
нэрыбгэ бзаджэхэм
я мылъкушхуэм нэхърэ нэхъ дэгъуэщ,
17сыту жыпӀэмэ цӀыху бзаджэхэм я Ӏэхэр
зэпыщӀыкӀынущ,
ауэ Езым хуэщыпкъэхэм я гуащӀэр
Зиусхьэным егъэбыдэ.
18Мыхъун зыбгъэдэмылъхэм
яхуогумэщӀ Зиусхьэныр,
абыхэм мыкӀуэдыж ӀыхьэфӀ яхуещӀ.
19Ӏыхьэншэ хъункъым ахэр махуаем,
гъаблэм и махуэхэми мэжэлӀэнкъым.
20Ауэ кӀуэдынщ цӀыху бзаджэхэр,
Зиусхьэным и бийхэри
губгъуэм ит гъэгъам хуэдэу лъэлъэжынщ,
Ӏугъуэм хуэдэу кӀуэдыжынщ ахэр.
21ЦӀыху бзаджэм щӀыхуэ къещтэри,
итыжыркъым;
Тхьэм хуэщыпкъэм
ятыж, хьэлэлщи.
22Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и нэфӀ
зыщыхуахэм
ӀыхьэфӀ яхуэхъунущ щӀыгур,
Абы и ней зыщыхуахэр лъапсэншэ хъунщ.
23ЦӀыху гуэрым и гъуэгу
Зиусхьэным игу ирихьмэ,
и лъакъуэхэр и гъуэгупэ щегъэбыдэ,
24ар ебэкӀи джалэркъым,
абы и Ӏэр Зиусхьэным иӀыгъщи.
25СыщӀалащ, жьыи сыхъуащ,
ауэ слъэгъуакъым сэ
Тхьэм хуэщыпкъэр щыгъупщауэ,
абы и быным хьэлу къилъэӀухуэу.
26Абы и гущӀэгъур зэпыуркъым,
щӀыхуэ ит зэпытщ,
и быным и хьэтыркӀэ Тхьэм и нэфӀ
абы къыщохуэ.
27Зыщыдзей бзаджагъэм,
фӀы лэжь,
апхуэдэу хъумэ, игъащӀэкӀэ упсэунщ.
28Сыту жыпӀэмэ захуагъэр и щӀасэщ Зиусхьэным,
и цӀыху лъапӀэхэр утыкум къринэркъым;
Езым хуэщыпкъэхэр игъащӀэкӀэ къихъумэнущ;
цӀыху бзаджэхэм я бынхэр лъапсэншэ хъунщ.
29Тхьэм хуэщыпкъэхэм щӀыгур
ӀыхьэфӀу къалъысыжынщ,
абы щыпсэунщ ахэр игъащӀэкӀэ.
30Тхьэм хуэщыпкъэм къыжьэдэкӀыр губзыгъагъэщ,
абы и бзэгум жиӀэр захуагъэщ.
31Абы и гум илъщ и Тхьэм и хабзэр;
абы и лъакъуэхэр гъуэгум дэхынукъым.
32ЦӀыху бзаджэр Тхьэм хуэщыпкъэм йощэ,
щӀокъу зэригъэкӀуэдыным.
33Ауэ Зиусхьэным ар абы и Ӏэ ирилъхьэнкъым,
абы хьэкум тращӀыхь щыхъукӀи,
яригъэгъэмысэнкъым.
34ЗышыӀэ, Зиусхьэным щыгугъ,
Абы и гъуэгум удэмых;
щӀыгур ӀыхьэфӀ пхуэхъуну
Абы уигъэинынщ;
цӀыху бзаджэхэр зэрагъэкӀуэдыр
плъагъунщ.
35ЦӀыху бзаджэ зыгъэшынэхэр
слъэгъуащ сэ,
жыг къудамэбэу
лъабжьэ быдэкӀэ зызыубгъуам хуэдэу;
36ауэ итӀанэ абы сыщыблэкӀым#36:36 сыщыблэкӀым – евреибзэкӀэ «ар блэкӀащ».
ар щыӀэжакъым,
сылъыхъуащ – згъуэтакъым.
37Мысагъэ зимыӀэ цӀыхум кӀэлъыплъ,
гъуэгу захуэм тетым еплъ,
сыту жыпӀэмэ мамырыгъэ къызыбгъэдэкӀ цӀыхум
бын къыщӀэхъуэнщ.
38Хабзэншэу псэухэр псори
ягъэкӀуэдынщ;
цӀыху бзаджэхэм къатехъукӀынухэр
лъапсэкӀуэд хъунщ.
39Езым хуэщыпкъэхэр Зиусхьэным
къригъэлынщ;
къиныгъуэм абыхэм Ар
щхьэегъэзыпӀэ яхуэхъунщ.
40Абыхэм ядеӀэнщи,
Зиусхьэным хишыжынщ;
бзаджащӀэхэм ящихъумэнщи,
къригъэлынщ,
щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы щогугъри.

Currently Selected:

Уэрэд 36: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in