1
Уэрэд 34:18
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Уи щытхъу щыжысӀэнщ зэӀущӀэшхуэм, цӀыху Ӏувым сыхэту щытхъу щыпхужысӀэнщ сэ.
Compare
Explore Уэрэд 34:18
2
Уэрэд 34:4
ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу си псэм къещэхэр; зэщӀрекӀуэж, я напэр трырекӀ, зигу бзаджагъэ къысхуихьэхэр.
Explore Уэрэд 34:4
3
Уэрэд 34:19
Сэ сызыгъэбий хьилэшыхэр си насыпыншагъэ щремыгуфӀыкӀ, сыхьэкъыншэу си жагъуэгъухэр си тхьэмыщкӀагъэм иремыгъэгуфӀэ.
Explore Уэрэд 34:19
4
Уэрэд 34:8
Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну.
Explore Уэрэд 34:8
5
Уэрэд 34:5
ЩӀым жьыбгъэм щызэрихьэ къэрэкъурэм хуэдэ ирехъу ахэр, Зиусхьэным и мелыӀычым ирырехужьэ.
Explore Уэрэд 34:5
6
Уэрэд 34:17
Зиусхьэн! Сыт хуэдизрэ уеплъыну абы? Я залымыгъэхэм саӀэпыхыж, си гъащӀэр ящыхъумэ аслъэнхэм.
Explore Уэрэд 34:17
7
Уэрэд 34:7
Сыту жыпӀэмэ лажьэ симыӀэу сэр папщӀэ абыхэм щӀауфащ я хъыр; лажьэ симыӀэу, мащэ схуатӀащ абыхэм.
Explore Уэрэд 34:7
8
Уэрэд 34:14
Си ныбжьэгъу, си къуэш сахуэщыгъуэ хуэдэу, садызекӀуащ; си анэ щхьэкӀэ сыщыгъуэ хуэдэу, сыкъекӀуэкӀащ, си щхьэ ухуауэ, сынэщхъейуэ сахэтащ.
Explore Уэрэд 34:14
9
Уэрэд 34:13
Ахэр щысымаджэм щыгъуэ щыгъынхэр зыщыстӀагъэри, гугъу задезгъэхьащ, сынэщӀурэ Тхьэм сахуелъэӀуащ, си щхьэ ухуауэ.
Explore Уэрэд 34:13
10
Уэрэд 34:15
Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм, ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ; къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ, фӀеягъэу къысхужаӀэнум гъунэ хуащӀакъым.
Explore Уэрэд 34:15
11
Уэрэд 34:3
Бжыри уэщри къэӀэти, сыкъезыхуэкӀхэм ебэн; си псэм къыжеӀэ: «Сэращ ухэзышыжынур!»
Explore Уэрэд 34:3