Уэрэд 32
32
32-нэ Уэрэд
ЩӀыхь уэрэд
Даут и уэрэд
1Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэвгъуатэ
Тхьэм хуэщыпкъэхэм;
зигукӀэ захуэхэм
щӀыхь ящӀыныр къокӀу.
2ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным,
уэрэд хужыфӀэ
бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.
3УэрэдыщӀэ хужыфӀэ Абы;
бзэпскӀэ хужыфӀэ хуэӀэзэу,
макъыр хэфӀэтыкӀыурэ хужыфӀэ.
4Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным
и псалъэхэр захуэщ.
Абы и Ӏуэху псоми щыпкъагъэ хэлъщ.
5Абы и щӀасэщ щыпкъагъэр, захуагъэр,
Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж
щӀыгум тезщ.
6Зиусхьэным езым и псалъэкӀэ
уафэгухэр къигъэщӀащ,
и унафэкӀэ – уэгум къыщынэхухэр.
7Хыпсхэр иугъуеящ Абы зэтезэрыгуэу,
хы кууупӀэхэр угъуеипӀэхэм
Абы иригъэхъуащ.
8Щрешынэ зэрыщӀыгуу Зиусхьэным;
дунеишхуэм тет псори
Абы и пащхьэм щрекӀэзыз.
9Сыту жыпӀэмэ Абы жиӀэри – къэхъуащ;
унафэ ищӀри – къэлъэгъуащ.
10Зиусхьэным хамэ лъэпкъхэм къаухэсыр
зэхекъутэ,
зэхекъутэ цӀыху лъэпкъхэм я гухэлъхэр.
11Зиусхьэным къиухэсар
игъащӀэкӀэ щыӀэнущ;
и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ.
12Гъуэгу махуэ теуващ
Зиусхьэныр зи Тхьэ цӀыху лъэпкъыр,
Езым и ӀыхьэфӀыр зрита лъэпкъыр.
13Уафэм щыӀэ Зиусхьэныр къоплъыхри,
цӀыху псори елъагъу,
14И тахътэм зэрытесу,
щӀыгум тет псори елъагъу.
15Псоми ягухэр Абы егъэпс,
я Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ.
16Дзэшхуэми хуэхъумэнкъым пащтыхьыр;
хуэхъумэнкъым щэджащэр,
и гуащӀэр ин дыдэми.
17УкъригъэлынкӀэ дзыхьщӀыгъуэджэщ шыр,
абы и гуащӀэ лъэщми ухишыжынкъым.
18Аращ, Зиусхьэным щышынэу,
Абы и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым щыгугъхэм
и нэӀэ ятригъэтщ Абы,
19щихъумэну ажалым,
гъаблэм щыгъуэ шхын щимыгъэщӀэну.
20Дэ дигукӀи ди псэкӀи
Зиусхьэным дыщогугъ:
Ар ди дэӀэпыкъуэгъущ, ди мэӀущ;
21дэ дигухэр Абы къегъэжан;
сыту жыпӀэмэ дэ дыщогугъ
Абы и цӀэ лъапӀэм.
22Дыпщогугъри, Зиусхьэн,
уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр ди щхьэщыгу ирет.
Currently Selected:
Уэрэд 32: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017