Уэрэд 12
12
12-нэ Уэрэд
ДэӀэпыкъуэгъум хуагъэхьа тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн,
сыпщыгъупщэпауэ сыкъэбгъэнэну,
уи нэгу сыт хуэдизрэ сщыбгъэпщкӀуну?
3Си гупсысэхэм сыт хуэдизрэ сагъэгумэщӀэну,
жэщми махуэми гукъеуэм сыхэтыну?
Си бийр си щыгу сыт хуэдизрэ итыну?
4Къызэплъи, жэуап къызэт,
Зиусхьэн, си Тхьэ!
Си нэхэр къэгъаплъэ,
лӀэныгъэм и жейм сыхыумыгъэлъафэ.
5Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ:
«Сэ абы сытекӀуащ».
Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.
6Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ;
сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур
си гуфӀэгъуэщ;
си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым
сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
Currently Selected:
Уэрэд 12: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017