Уэрэд 11
11
11-нэ Уэрэд
ДэӀэпыкъуэгъум хуагъэхьа тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпсий зэрылъ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
2ЦӀыху бзаджэхэм даӀэщӀэхыж, Зиусхьэн:
сыту жыпӀэмэ цӀыхуфӀ къэнэжакъым,
щыпкъагъэ къыпхуизыӀэ яхэтыжкъым
дунейм и цӀыхухэм.
3Нэрыбгэ къэс пцӀы зэхуаупсыж;
щытхъу нэпцӀ къаӀуатэ я бзэмкӀэ,
фэрыщӀыгъэкӀэ мэпсалъэ.
4Зиусхьэным ирегъэувыӀэ
щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори,
зыщытхъуж бзэгухэр,
5мыпхуэдэу жызыӀэхэр:
«Ди бзэгум хэлъщ ди гуащӀэ,
ди лъэкӀыныгъэр – ди жьэр;
хэт ди зиусхьэныр?»
6«ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум,
зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ
иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, –
зэрафӀэигъуэм хуэдэу,
шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ».
7Зиусхьэным и псалъэхэр псалъэ къабзэщ,
кӀыщ мафӀэм блэнейрэ щагъэткӀуу
щагъэкъэбза дыжьыным хуэдэщ.
8Уэ, Зиусхьэн, къытхуэсакъ,
нобэрей цӀыхухэм дащыхъумэ.
9ЦӀыху бзаджэхэр дэнэкӀи щызэхэзокӀуэ –
бзаджагъэм и щытхъум
цӀыхухэм зыщыхаӀэтыкӀа зэманым.
Currently Selected:
Уэрэд 11: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017