ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм деж къикӀ щыпкъагъэр
1ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ фыгуфӀэ. А Ӏуэху дыдэхэр аргуэру ныфхуэстхыжыну сэркӀэ гугъукъым, ахэр зэрыстхми и фӀагъ къывэкӀынущ.
2Хьэхэм хуэдэ цӀыхуу#3:2 хьэхэм хуэдэ цӀыхухэр – а псалъэхэмкӀэ Паул зи гугъу ищӀыр хамэ лъэпкъхэм ящыщхэр чыристан хъун щхьэкӀэ, япэщӀыкӀэ сунэт ящӀын хуейуэ жаӀэу, чыристан хъуа журту жызыӀэхэр арщ. бзаджагъэ зылэжьу адрей цӀыхухэр сунэт зыщӀхэм защыфхъумэ. 3Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр. 4Апхуэдэу щытми, сэри апхуэдэ Ӏуэхухэм сащыгугъын слъэкӀынт.
ЦӀыху гуэр пкъым епха Ӏуэхухэм ящыгугъ хъуну къыфӀэщӀмэ, сэ а цӀыхум нэхърэ а Ӏуэхухэм нэхъ сащыгугъ хъунущ. 5Махуий си ныбжьу сунэт сащӀащ сэ, израил лъэпкъым сыщыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ, журтхэм сакъыхэкӀащ, Торэт хабзэм сытету фарисей гупым#3:5 фарисей гупыр – журтхэм ящыщу дин зыӀыгъ цӀыху гупщ. Ахэр Торэт хабзэм итхэмрэ адэжьхэм къащӀэна хабзэхэмрэ я фӀэщу хэтт. сыщыщащ. 6Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.
7Ауэ сэ си фӀагъ къызыхэкӀыу щыта Ӏуэхухэм, Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, пщӀэ ямыӀэжу солъытэ иджы. 8Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун 9икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ. 10Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэну сыхуейщ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къыхэкӀ лъэкӀыныгъэр зыхуэдэри зэзгъэщӀэну сыхуейщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм си Ӏыхьэр яхэлъыну, ар щылӀэм зэрыщытам хуэдэу, сэри сыхъуну сыхуейщ. 11Апхуэдэу, Тхьэм лӀахэм сакъыхигъэтэджыкӀыжыным сыщогугъ.
Сызыщыгугъ Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсынум сыхущӀокъу
12А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу. 13Си къуэшхэ, сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ слъытэркъым, ауэ зы Ӏуэху закъуэ сощӀэ: блэкӀа Ӏуэхухэр сщыгъупщэжурэ, сяпэкӀэ ит Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсынум и ужь ситщ. 14Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.
15Мэссихь и Ӏуэхухэм теухуауэ щыщӀагъэ зимыӀэ цӀыху нэгъэса хъуауэ дэ тщыщу дэтхэнэри апхуэдэу гупсысэн хуейщ. Ӏуэху гуэрым теухуауэ нэгъуэщӀ гупсысэкӀэ фиӀэмэ, Тхьэм ари нахуэ къыфхуищӀынущ. 16Ауэ дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икӀи абы тету дыпсэун хуейщ.
17Си къуэшхэ, си лъэужьым фыкърикӀуэ. Фызэрыпсэун хуейм и щапхъэу фэдгъэлъэгъуам тету псэухэм фадэплъей. 18Куэдрэ зэрывжесӀам хуэдэу, иджыри си нэпсхэр къехуэхыурэ, нывжызоӀэ: ЦӀыху куэд Мэссихь и жорым бий хуэхъуащ. 19А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым. 20Дэ ди хэкур уафэрщ. Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, уафэм къехыу, дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлынум дыпоплъэ. 21Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: