YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихьщ Зиусхьэныр
1Фи псэм щыщ Мэссихь фигъэгушхуэркъэ? Абы и фӀылъагъуныгъэм фи гукъеуэр фщхьэщихыркъэ? Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи псэм хэлъкъэ? Гухуабагъэрэ гущӀэгъуныгъэрэ зэхувиӀэкъэ? 2Абы щыгъуэ си гуфӀэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, а зы фӀылъагъуныгъэр фрыреӀэ, зэнэзэпсэу фыщыт. 3Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу. 4Езым и щхьэм и Ӏуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхуми ирыреплъ.
5Фи гупсысэкӀэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкӀэм хуэдэ ирехъу:
6Тхьэм и хьэл-щэныр Мэссихь Хьисэ
хэлъа пэтми,
Тхьэм зэрыхуэдэм и фӀагъ
езым и щхьэм къригъэкӀыжыну и ужь итакъым.
7Ауэ езым зигъэцӀыкӀури,
ӀуэхутхьэбзащӀэм и щытыкӀэ иӀэ хъуащ.
ЦӀыхум хуэдэ хъуащ,
и теплъэри цӀыхухэм я теплъэм
хуэдэу щытащ.
8Езым зигъэлъахъшэри, щылӀэнум нэсыху,
Тхьэм хуэӀурыщӀащ,
жорым щыкӀэрылӀыхьам нэсыху.
9Аращи, Тхьэм ар игъэинри,
цӀэ псоми нэхърэ нэхъ цӀэшхуэр#2:9 цӀэшхуэр – ЗиусхьэныцӀэр арщ. къритащ.
10Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и цӀэм
щӀыхь хуащӀурэ къэхъугъэ псори
лъэгуажьэмыщхьэу тӀысын щхьэкӀэщ,
уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми#2:10 щӀы щӀагъым – лӀахэм я дунейр арщ, ахърэтырщ.
щыӀэхэр аращ,
11бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр
псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ.
Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм
щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.
Вагъуэхэм фахуэдэу цӀыхухэм факъызэрыхэлыдыкӀынур
12Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит, 13езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи.
14Сыт фщӀэми, фымытхьэусыхэу икӀи фи гум шэч къивмыгъэхьэу, фщӀэ, 15къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ. 16ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ. 17Фэ Тхьэм хуэфщӀ къурмэныпхъэр фи фӀэщхъуныгъэр арщ. А къурмэныпхъэм сэ си гъащӀэм илъ хэлъэда хъуми, сыгуфӀэнущ икӀи фэ псоми сывигъусэу сыгуфӀэнущ. 18Аращи, фэри фызигъусэу фыгуфӀэн хуейщ фи гуапэу.
Тимофейрэ Епафродитрэ
19Тимофей#2:19 Тимофей – еплъ 1:1. куэд мыщӀэу ныфхуэзгъэкӀуэфынкӀэ Зиусхьэн Хьисэ сыщогугъ, фи хъыбархэр зэхэсхыу си гур псэхужын щхьэкӀэ. 20Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым. 21ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым. 22Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ. 23Си Ӏуэхухэр зэрыхъунур къызэрысщӀэу, ар ныфхуэзгъэкӀуэнкӀэ согугъэ. 24Сэри куэд мышӀэу фи деж нытезгъэзэнкӀэ Зиусхьэным сыщогугъ.
25Абы нэмыщӀу, Епафродит#2:25 Епафродит – Филиппи къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм я саугъэтхэр Паул хуэзыхьар арщ. Епафродит мы тхылъыр иӀыгъыу Паул деж игъэзэжынущ иджы. ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ. 26Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ. 27Пэжщ, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ сымэджащ. Ауэ Тхьэм гущӀэгъу къыхуищӀащ, абы и мызакъуэу, сэри гущӀэгъу къысхуищӀащ, си гум къемыуэн даӀимауэ щхьэкӀэ. 28НыфхуэзгъэкӀуэжыну сыщӀыхуэпӀащӀэр ар фэ къыфхыхьэжмэ, фызэрыгуфӀэнур, сэ си гузэвэгъуэри нэхъ мащӀэ зэрыхъунур сощӀэри аращ. 29Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщым хуэдэу, абы и псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, фыхуэгуфӀэу фыкъыпежьэ. Абы хуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ, 30Мэссихь и Ӏуэхум щхьэкӀэ ар лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ щытащ. Фэ къысхуэфщӀэн флъэмыкӀа Ӏуэхур къысхуищӀэн щхьэкӀэ, и псэм щымысхьу, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуащ ар.