ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ#1:1 Тимофей – Паул дэлажьэу, и гъусэхэм ящыщу щытащ. Еплъ Апостол. 16:1-3. сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм#1:1 Филиппи къалэр – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу Македоние хэкум итащ. А хэкур иджырей Грецием и ищхъэрэ лъэныкъуэм итащ. Еплъ Апостол. 16:9-40. дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм,#1:1 Ӏэтащхьэр – алыджыбзэм щыщ псалъэу «Ӏэтащхьэ» икӀи «зи нэӀэр Ӏуэхухэм тезыгъэт» «епископ» мыхьэнэ иӀэ хъуащ иужькӀэ. и дэӀэпыкъуэгъухэм#1:1 дэӀэпыкъуэгъу – а псалъэм «диакон» мыхьэнэуэ иӀэ хъуащ иужькӀэ. Еплъ Рим. 16:1; 1 Тим. 3:8, 12. фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.
2Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи дэсхэм Паул Тхьэм зэрахуелъэӀур
3Си гум фыкъэкӀыжыху къэс, си Тхьэм щӀыхь хузощӀ. 4Сыт щыгъуи, фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, си гуапэу солъэӀу, 5япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи. 6Тхьэм фи гум щиубла Ӏуэхур Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху зэрыригъэкъужынум сыщогугъ.
7Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр. 8Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.
9Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ. 10Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ. 11Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.
Мэссихь ухуэлэжьэнырщ гъащӀэ щыпкъэр
12Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар. 13Аращи, кесарым и унэшхуэу преторие зи цӀэм и хъумакӀуэхэмрэ адрей цӀыху псомрэ Ӏупщ ящыхъуащ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ цӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀар. 14ЦӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀам щхьэкӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшхэм я нэхъыбэм ягухэр утӀыпщауэ, мышынэу, Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ.
15Пэжщ, фыгъуэнырэ зэщыхьэнырэ я гум илъу, Мэссихь теухуа хъыбарыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри щыӀэщ, ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм, я гум фӀы зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ. 16Япэрейхэм я гум зэщыхьэныр илъу, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм гуфӀеягъэкӀэ хуаӀуатэ. Си Ӏэпхлъэпхыр нэхъри нэхъ шэчыгъуей ящӀыну я гум илъщ. 17Адрейхэм, я гум фӀылъагъуныгъэ зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ. Мэссихь и хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап естыжыну Тхьэм сызэригъэувар ящӀэ. 18Ар Ӏуэхукъым. Мыпхуэдэуи, апхуэдэуи, мурад бзаджэмкӀи, мурадыфӀымкӀи Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ хъумэ, согуфӀэ.
ИкӀи зэпымыууэ сыгуфӀэнущ, 19Тхьэм фызэрелъэӀум щхьэкӀи, Хьисэ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр дэӀэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъум щхьэкӀи мы гугъуехьым сыкъызэрыхэкӀыжынур сощӀэри. 20СыщӀэукӀытэжын лъэпкъ щымыӀэу, иджыри, сыт щыгъуи, сыпсэуми, сылӀэми, сипкъкӀэ сыгушхуэу Мэссихь зэпымыууэ зэрызгъэлъэпӀэным сыщӀохъуэпс икӀи сыщогугъ. 21ГъащӀэ пэж жыхуэсӀэр Мэссихь сыхуэлэжьэнырщ, сылӀэми, и фӀагъ къызэкӀынущ. 22Ауэ си пкъым сыщыпсэуну щытмэ, фӀыгъуэ къызыпэкӀуэн Ӏуэху сщӀэн слъэкӀынущ. А ӀуэхуитӀым къыхэсхынур сщӀэркъым. 23А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ. 24Ауэ си пкъым сыкъыхэнэныр фэркӀэ нэхъ сэбэпщ. 25Абы сыщыгугъыу, мыбы сыкъызэрынэжынури, гуфӀэгъуэри щӀыгъуу фи фӀэщхъуныгъэр зэпымыууэ нэхъ быдэ хъун щхьэкӀэ, фи деж сызэрыщыӀэнури сощӀэ. 26Абы щыгъуэ фи деж сыныщыкӀуэжкӀэ, Мэссихь Хьисэ къысхуищӀам ину фыщыгуфӀыкӀын флъэкӀынущ.
27Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри, 28къыфпэувхэм зыкӀи фазэрыщымышынэри сщӀэнущ. Ахэр зэрыкӀуэдынури, фэ фымыкӀуэду фыкъызэрелынури фи псэукӀэм нахуэу яригъэлъагъунущ. ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Тхьэращ. 29МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ. 30ХъыбырыфӀым сызэрыхущӀэкъур зэрыфлъэгъуам хуэдэу, фэри иджы фыхущӀокъу. А щӀэкъуныгъэм иджыри сызэрыхэтыр зэхэфхащ.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017