YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 5

5
Ӏэдэмрэ абы къытехъукӀахэмрэ я хъыбар
1Тхьэм цӀыхур къыщигъэщӀам, Тхьэм ещхьыну ар къигъэхъуащ. 2ЦӀыхухъурэ бзылъхугъэу ахэр къигъэщӀащ, и нэфӀ абыхэм ящыхуэри ахэр къыщигъэщӀа махуэм цӀэуэ цӀыху яфӀищащ абыхэм.
3Ӏэдэм, илъэсищэрэ щэщӀкӀэ псэуауэ, къыхуэхъуащ къуэ, езым и теплъэ иӀэу, езым ещхьу, цӀэуэ фӀищащ абы: Щэт. 4Щэт къыхуалъхуа нэужь, Ӏэдэм илъэс щий къигъэщӀащ, къыщӀэхъуащ абы къуэхэмрэ пхъухэмрэ. 5Ӏэдэм къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ щэщӀрэ; итӀанэ ари дунейм ехыжащ.
6Щэт, илъэсищэрэ тхукӀэ псэуауэ, Енощ къыхуэхъуащ. 7Енощ къалъхуа нэужь, Щэт псэужащ илъэс щийрэ блыкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 8Щэт къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ пщыкӀутӀрэ; итӀанэ ари лӀащ. 9Енощ, илъэс бгъущӀкӀэ псэуауэ, Къэнан къыхуэхъуащ. 10Къэнан къалъхуа нэужь, Енощ псэужащ илъэс щийрэ пщыкӀутхукӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 11Енощ къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ тхурэ; итӀанэ ари лӀащ.
12Къэнан, илъэс блыщӀкӀэ псэуауэ, Махъалалэл къыхуэхъуащ. 13Махъалалэл къалъхуа нэужь, Къэнан псэужащ илъэс щийрэ плӀыщӀкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 14Къэнан къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ пщӀырэ; итӀанэ ари лӀащ.
15Махъалалэл, илъэс хыщӀрэ тхукӀэ псэуауэ, Ерэд къыхуэхъуащ. 16Ерэд къалъхуа нэужь, Махъалалэл псэужащ илъэс щийрэ щэщӀкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 17Махъалалэл къигъэщӀащ илъэс щийрэ бгъущӀрэ тхурэ; итӀанэ ари лӀащ.
18Ерэд, илъэсищэрэ хыщӀрэ тӀукӀэ псэуауэ, Хъанох къыхуэхъуащ. 19Хъанох къалъхуа нэужь, Ерэд псэужащ илъэс щийкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 20Ерэд къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ хыщӀрэ тӀурэ, итӀанэ ари лӀащ.
21Хъанох, илъэс хыщӀрэ тхукӀэ псэуауэ, Матущэлахъ къыхуэхъуащ. 22Матущэлахъ къалъхуа нэужь, илъэс щищкӀэ Хъанох Тхьэм щыпкъагъэкӀэ хуэпсэуащ икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 23Хъанох къигъэщӀащ илъэс щищрэ хыщӀрэ тхурэ. 24Апхуэдизрэ хуэпсэуащ Хъанох Тхьэм; итӀанэ щымыӀэж хъуащ ар, Тхьэм иштэжати.
25Матущэлахъ, илъэс щищрэ блыкӀэ псэуауэ, Лэмэх къыхуэхъуащ. 26Лэмэх къалъхуа нэужь, Матущэлахъ псэужащ илъэс щиблрэ ищӀрэ тӀукӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 27Матущэлахъ къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ хыщӀрэ бгъурэ; итӀанэ ари лӀащ.
28Лэмэх, илъэсищэрэ ищӀрэ тӀукӀэ псэуауэ, къуэ къыхуэхъуащ. 29Нухь#5:29 Нухь – а цӀэр евреибзэкӀэ «тынш» псалъэм хуэдэщ. цӀэуэ фӀищащ абы, мыр жиӀэри: «Абы дигъэтыншыжынщ ди ӀуэхукӀи Зиусхьэным нэлат зриха щӀыгум телэжьэнымкӀи».
30Нухь къалъхуа нэужь, илъэс щитхурэ бгъущӀрэ тхукӀэ псэужащ Лэмэх икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 31Лэмэх къигъэщӀащ илъэс щиблрэ блыщӀрэ блырэ; итӀанэ ари лӀащ.
32Нухь, илъэс щитху хъуауэ, къыхуэхъуащ Щэм, Хъам, Ефэт сымэ.

Currently Selected:

1 Мусэ 5: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy