YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 4

4
Къаин и къуэш Хьэбэл зэриукӀар
1Ӏэдэм екӀуэлӀащ Хьэуа, и фызым, ар лъэщыджэ хъури, Къаин къилъхуащ. ИтӀанэ жиӀащ:
– Згъуэтащ сэ лӀы, Зиусхьэным къыбгъэдэкӀыу.
2ИтӀанэ къилъхуащ абы и къуэш Хьэбэл.
Хьэбэл мэлыхъуэт, Къаин мэкъумэш ищӀэрт.
3Зэман дэкӀауэ, Къаин Зиусхьэным хуихьащ щӀыгу къэкӀыгъэхэм ящыщ тыгъэ. 4Хьэбэли ихьащ и хъушэм щыщу щыпэлъхухэр, абыхэм я щэдагъэм щыщи. НэфӀкӀэ къеплъащ Зиусхьэныр Хьэбэли абы и тыгъэми, 5ауэ Къаини абы и тыгъэми къеплъакъым. Къаин ар икъукӀэ и жагъуэ хъуащ, и нэгури зэхэуащ.
6Зиусхьэным къыжриӀащ Къаиным:
– Сыт уи жагъуэ щӀэхъуар? Сыт уи нэгури щӀызэхэуар?
7ФӀы пщӀэмэ, уи щхьэр пӀэтыркъэ?
АтӀэ фӀы умыщӀэмэ,
гуэныхьым бжэщхьэӀум зыщеущэху;
абы узыӀэпешэ,
ауэ уэ абы текӀуэ.
8Къаин епсэлъащ Хьэбэл, и къуэшым.
Ахэр губгъуэм иту, Къаиныр пэуващ Хьэбэл, и къуэшым, икӀи ар иукӀащ.
9– Дэнэ щыӀэ Хьэбэл, уи къуэшыр? – жриӀащ Зиусхьэным Къаин.
– СщӀэркъым, – жиӀащ абы, – сэ си къуэшым срихъумакӀуэ?
10– Сыт уэ пщӀар? – жиӀащ Зиусхьэным, – уи къуэшым илъ бгъэжащ, къыщӀоӀукӀ абы и гуӀэ макъэр щӀы щӀагъым. 11Уэ нэлат къыптехуащ иджы. Уи къуэшым илъу уи ӀэкӀэ бгъэжар ищтэну зи жьэр зэтезых щӀыгум зыри къыпхухэкӀынукъым. 12ЩӀым утелэжьыхьми, абы дяпэкӀэ зэгуэри къыуитыжынукъым и гуащӀэр; уэ ухъунущ егъэзыпӀэншэ, хапӀэншэу щӀылъэм къыщызыджэдыхь.
13Абдежым жриӀащ Къаин Зиусхьэным:
– Си тезырыр нэхъ инщ сэ сшэчыфынум нэхърэ.
14Аращи, Уэ иджы сытыбоху щӀылъэм,
Уи нэгуми зыщӀэзмыгъэхуэну зызогъэпщкӀу,
сыхъунущ сэ егъэзыпӀэншэ икӀи щӀылъэм къыщызыджэ
дыхь;
къысхуэзэ дэтхэнэми сиукӀынущ.
15– Уэ хэт уиукӀми, – къыжриӀащ абы Зиусхьэным, – абы блэнейрэ уи лъыр езгъэпшыныжынущ.
Зиусхьэным тридзащ Къаиным дамыгъэ, къыхуэзэм ар къимыукӀын щхьэкӀэ.
16Къаин Зиусхьэным и пащхьэм икӀыжри Нод щӀыналъэм итӀысхьащ – Ӏэдэн уикӀмэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэм.
Къаин къытехъукӀахэр – Лэмэх деж нэс
17Къаин екӀуэлӀащ и фызым, ар лъэщыджэ хъури, Хъанох къилъхуащ. Къаин иухуащ къалэ; къалэм фӀищащ езым и къуэм и цӀэр: Хъанох. 18Хъанох къыхуэхъуащ къуэ – Ӏирад; Ӏирадым къыхуэхъуащ Мэхъуаел; Мэхъуаел къыхуэхъуащ Матушаел; Матушаел къыхуэхъуащ Лэмэх. 19Лэмэх къишащ фызитӀ; зым и цӀэр Ӏадэт, етӀуанэм и цӀэр Цыллэт. 20Ӏадэ къилъхуащ Ябэл: ар я адэжщ шэтырхэм щӀэсу хъушэхэр зиӀэхэм. 21Абы и къуэшым и цӀэт Иубэл; ар я адэжщ пхъэ пшынэ еуэхэмрэ бжьамий епщэхэмрэ. 22Цыллэ къилъхуащ Тубал-Къаин. Ар гъуаплъэмрэ гъущӀымрэ Ӏэмэпсымэ псори къыхэзыщӀыкӀ гъукӀэт. Тубэл-Къаин и шыпхъущ НаӀамэ.
23ЯжриӀащ Лэмэх и фызхэм:
– Ӏадэрэ Цыллэрэ! ФыкъедаӀуэ си макъым;
Лэмэх и фызхэ! Си псалъэхэр зэхэфх.
Сэ лӀыр сыукӀынщ, абы уӀэгъэ сищӀмэ,
щӀалэми сыукӀынщ, уӀэгъэ сищӀмэ,
щӀали – си уӀэгъэм щхьэкӀэ.
24Къаин зыукӀым блэнейрэ лъы ипшыныжынумэ,
сэ сызыукӀым блэнейурэ блыщӀкӀэ ипшыныжынущ.
Ӏэдэм къытехъукӀахэр – Нухь деж нэс
25Ӏэдэм аргуэру екӀуэлӀащ и фызым, абы къуэ къилъхури, фӀищащ цӀэуэ: Щэт; «сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, – жиӀэрт абы – Тхьэм къызитащ нэгъуэщӀ щӀалэ, Къаин иукӀа Хьэбэл и пӀэкӀэ». 26Щэт къыхуалъхуащ къуэ, абы цӀэуэ фӀищащ Енощ;
Абы къыщегъэжьауэ цӀыхухэм щӀадзащ Зиусхьэным елъэӀуу.

Currently Selected:

1 Мусэ 4: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy