1 Мусэ 47:5-6
1 Мусэ 47:5-6 KBDNTGP2017
Фирхьэуным Исуф къыжриӀащ абдеж: – Уи адэри уи къуэшхэри уи деж къэкӀуащ. Мысыр щӀыналъэр уи пащхьэ илъщ; щӀыналъэм и щӀыпӀэ нэхъыфӀым деж щыгъэтӀыс уи адэри уи къуэшхэри; щрепсэу ахэр Гощэн щӀыналъэм. Абыхэм зэфӀэкӀ зиӀэ яхэтмэ, пэрыгъэувэ ахэр си Ӏэщым, кӀэлъыплъыну.





