1 Мусэ 31
31
Екъуб Лабан деж къызэрыщыщӀэпхъужар
1Екъуб зэхихащ Лабан и къуэхэм жаӀэ псалъэхэр:
– Екъуб зыӀэщӀиубыдащ ди адэм иӀа псори, ди адэм и мылъкум къыхигъэкӀащ и къулеигъэ псори.
2Къилъэгъуащ Екъуб Лабан и нэкӀур, ар абы къыхущытыжкъым дыгъуаси вэсэмахуи къызэрыхущытам хуэдэу. 3КъыжриӀащ Зиусхьэным Екъуб:
– Гъэзэж уи адэхэм я щӀыналъэу узыщалъхуа хэкум; Сэри сыуигъусэнущ.
4Екъуб игъакӀуэри Рахэлрэ Леарэ езым и Ӏэщ цӀыкӀу хъушэ здэщыӀэ губгъуэм къригъэшащ. 5ЯжриӀащ абыхэм:
– Сэ солъагъу фи адэм и нэкӀур, ар дыгъуаси вэсэмахуи хуэдэу къызэрысхущымытыжыр. Ауэ си адэм и Тхьэр сэ си гъусэщ. 6Фэ езыхэр фыщыгъуазэщ фи адэм си къару псомкӀи сызэрыхуэлэжьам. 7Ауэ фи адэм сыкъигъапцӀэурэ пщӀэнейрэ ихъуэжащ си лэжьапщӀэр. Тхьэм хузэфӀигъэкӀакъым абы Ӏеягъэ къызищӀэну. 8«Бжьыгъэ зиӀэ Ӏэщыр уэ пхуэхъунущ пщӀэ» абы щыжиӀэм, Ӏэщ псоми къалъхуащ бжыгъэ зиӀэхэр. «Къуэлэнхэр пхуэхъунущ уэ пщӀэ» абы щыжиӀэм, Ӏэщ псоми къалъхуащ къуэлэнхэу. 9Арати, Тхьэм фи адэм Ӏэщыр къыӀэщӀихри, сэ къызитащ.
10Зэгуэрым, Ӏэщым я хуэжэгъуэу, сэ пщӀыхьэпӀэм хэту слъэгъуащ бжэнхэм дэкӀуея ажэхэр къуэлэнхэу, ӀэпапӀэ зиӀэ яхэту, бжьыгъи яӀэу. 11Тхьэм и мелыӀычым сэ къызжиӀащ пщӀыхьым сыхэту:
– Екъуб!
– Сымис сэ, – жысӀащ сэ.
12– Уи напӀэхэр Ӏэти, еплъ, – жиӀащ абы. – Бжэнхэм дэкӀуея ажэ псори къуэлэнщ, ӀэпапӀэ зиӀэхэщ, бжьыгъэ зиӀэхэщ; сэ солъагъу Лабан уэ сыт къыуищӀэми. 13Фэеплъым дагъэр щытепкӀэгъа, Сэри псалъэ быдэ къыщызэптыгъа Бэтэл деж уэ къыщыпхуэлъэгъуа Тхьэр Сэращ. Иджы зыӀэт, икӀ мы щӀыналъэм; гъэзэж узыщалъхуа хэкум.
14Рахэлрэ Леарэ иратащ Екъуб жэуап:
– ЩыдиӀэж иджы дэ ди адэм и лъапсэм Ӏыхьэрэ мылъкурэ? 15Хамэхэм яхуэдэукъэ дэ абы дызэрилъытэр? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы дэ дищащ, уеблэмэ ишхащ ди дыжьынри. 16Абы къыхэкӀкӀэ мылъкуу Тхьэм ди адэм къыӀрихар дыдейщ, ди бынхэми ейщ. Аращи, Тхьэм уэ къыбжиӀа псори щӀэ.
17Арати, ежьащ Екъуб, тригъэтӀысхьащ и бынхэри и фызхэри махъшэхэм; 18ИтӀанэ къыздищтащ езым и Ӏэщ псори, мылъкуу зыӀэригъэхьа псори, Паддан-Арам щиугъуея Ӏэщри и адэ Исхьэкъ деж Ханаан щӀыналъэм кӀуэжын папщӀэ. 19Лабан езым и Ӏэщым я цыр къищыну щыкӀуэм, Рахэл къидыгъуащ и адэм иӀа тхьэ сурэтхэр. 20Екъуб арамей Лабан къыфӀидыгъуащ и гур, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы хъыбар иригъэщӀакъым зэрежьэжынумкӀэ. 21Арати, ежьэжащ езым иӀэ псори и гъусэу; зиӀэтщ, псым зэпрыкӀри, игъэзащ Гилеад бгымкӀэ.
22Ещанэ махуэм Лабан жраӀащ Екъуб зэрежьэжар. 23Абы щыгъуэ абы зыщӀигъущ езым и Ӏыхьлыхэри, кӀэлъыжащ абы махуиблкӀэ икӀи щылъэщӀыхьащ Гилеад бгым деж. 24АрщхьэкӀэ Тхьэр арамей Лабан пщӀыхьым хэту жэщым къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ абы:
– Зыхъумэ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи.
25Арати, лъэщӀыхьащ Лабан Екъуб; Екъуб и шэтырхэр тригъэуват бгыщхьэм, Лабани езым и Ӏыхьлыхэр и гъусэу и шэтырхэр тригъэуващ Гилеад бгым. 26ЖриӀащ Лабан Екъуб:
– Сыт уэ зэхэпщӀыхьар? Сытым щхьэкӀэ уэ сыкъэбгъапцӀэу скӀэщӀэпша сипхъухэр, ӀэщэкӀэ гъэр ящӀахэм хуэдэу? 27Сыт щэхуу ущӀэпхъуэжу сэ зыщӀысщыбгъэпщкӀуар, къыщӀызжумыӀари сыт? Сэ узутӀыпщыжынут гуфӀэгъуэмрэ уэрэдхэмрэ ухэту, тимпанхэми пшынэми къыпхуеуэу. 28Уэ Ӏэмал къызэптакъым уеблэмэ си пхъурылъхухэми сипхъухэми ба яхуэсщӀыжыну; акъылыншагъэщ уэ пщӀар. 29Хэлъщ си Ӏэм къару фэ Ӏеягъэ фэсщӀэфыну; ауэ фи адэм и Тхьэр дыгъуасэ къызэпсалъэри, сэ къызжиӀащ:
– Сакъ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи.
30– Ауэ уэ укӀуэжами зи хэлъкъым, сыту жыпӀэмэ уэ укъытричырт уи адэм и унэм уихьэжыну, ауэ сыт къыщӀэбдыгъуар-тӀэ си тхьэ сурэтхэр?
31Екъуб Лабан жэуап иритурэ, жиӀащ:
– Сэ сышынэрт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «стумыхыжащэрэт уипхъухэр» жысӀэурэ сегупсысырти. 32Уи тхьэ сурэтхэр хэт къыкъуэпхыжми, абы псэу иӀэжкъым. Ди Ӏыхьлыхэм я пащхьэм щызэхэгъэкӀ ууейуэ сӀыгъхэри, здэщтэж.
Ауэ Екъуб ищӀэртэкъым ахэр Рахэл къызэридыгъуар.
33Арати, щӀыхьащ Лабан Екъуб и шэтырми, Леа и шэтырми, унэӀут бзылъхугъитӀым я шэтырми, ауэ игъуэтакъым зыри. ИтӀанэ Леа и шэтырым къыщӀэкӀыжри, щӀыхьащ Рахэл и шэтырым. 34Рахэл къищтащ тхьэ сурэтхэр, ахэр махъшэм телъ уанэм и щӀагъ щӀилъхьэри, тетӀысхьэжащ абыхэм. Къищащ Лабан шэтырыр зэрыщыту, ауэ игъуэтакъым. 35Мыдрейми жриӀащ и адэм:
– Къысхуремыгубжь си зиусхьэныр и пащхьэм сызэрыщымытэджыфым папщӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзылъхугъэ хабзэр къысхуэкӀуащ.
Арати, ар лъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым тхьэ сурэтхэр.
36Екъуб къэгубжьри, Лабан едауэу щӀидзащ. Екъуб псэлъэн къыщӀидзэри, жриӀащ Лабан:
– Сыт си лажьэр, гуэныхьу стелъри сыт, щхьэ зэхэзехуэн сыпщӀа? 37Уэ къыуплъыхьащ си хьэпшып псори, сыт къахэбгъуэтар уи унэ хьэпшыпхэм ящыщу? Щыдгъэлъагъу уи Ӏыхьлыхэми си Ӏыхьлыхэми я пащхьэм деж; къытхурехъу дэ тӀум ахэр хеящӀэ.
38– Мис, илъэс тӀощӀкӀэ сыщыӀащ сэ уи деж; уи мэлхэми уи бжэнхэми щыщанэжа къэхъуакъым; уэ хъушэм щыщ мэли сэ сшхакъым; 39ХьэкӀэкхъуэкӀэм зэпкъритхъар сэ ныпхуэсхьыжакъым; ар сэ схэщӀауэт зэрызбжыр; сэ сыбгъэпшынырт жэщым кӀуэдари, махуэм кӀуэдари. 40Сэ гугъу сехьырт махуэм хуабэкӀэ, жэщми щӀыӀэкӀэ; си нэхэми жейр къекӀуэртэкъым. 41Апхуэдэххэщ илъэс тӀощӀу уи унэм щызгъэкӀуар. Сэ уэ сыпхуэлэжьащ илъэс пщыкӀуплӀкӀэ уи пхъуитӀым папщӀэ, илъэсихкӀэ уи Ӏэщым папщӀэ; атӀэми уэ пщӀэнейрэ пхъуэжащ си лэжьапщӀэр. 42Си адэм и Тхьэр, Ибрэхьим и Тхьэр икӀи Исхьэкъ и Шынагъуэр си мыгъусатэмэ, уэ иджы сыбутӀыпщыжынут ӀэнэщӀу. Тхьэм къилъэгъуащ си тхьэмыщкӀагъэри си Ӏэхэм ялэжьари, икӀи къысхуищӀащ хьэкум дыгъуасэ.
Екъубрэ Лабанрэ зэгурыӀуэныгъэ зэрызэдащӀар
43Лабан жэуап къитри къыжриӀащ Екъуб:
– Пхъухэр сипхъущ; сабийхэр си сабийщ; Ӏэщри си Ӏэщщ, уэ плъагъу псори сысейщ: сэ зыгуэр есщӀэфыну-тӀэ сипхъухэми абыхэм къалъхуа сабийхэми? 44Иджы зэгурыӀуэныгъэ зэдухылӀэнщ уэрэ сэрэ, ар щыхьэт щыхъунщ уэрэ сэрэ ди якум.
45Екъуб мывэ къищтэри игъэуващ ар фэеплъу. 46ЯжриӀащ Екъуб езым и Ӏыхьлыхэм:
– КъызэщӀэфкъуэ мывэхэр.
Абыхэм мывэхэр къащтэурэ Ӏуащхьэу зэтралъхьащ, итӀанэ щышхащ мывэхэм деж. 47Лабан фӀищащ абы: Егъар-Сахъадут#31:47 – Егъар-Сахъадут арамыбзэкӀэ, Гъалед журтыбзэкӀэ, тӀуми къикӀыр щыхьэт Ӏуащхьэщ.; ауэ Екъуб абы фӀищар Гъаледщ. 48ИтӀанэ жиӀащ Лабан:
– Нобэ мы Ӏуащхьэр уэрэ сэрэ ди якум щыщыхьэтщ.
Аращ Галеед цӀэуэ щӀыфӀищар. 49Мицпэри#31:49 Мицпэ – къикӀыр: къэрэгъулэ щытыпӀэ. жраӀэ Лабан мыпхуэдэу зэрыжиӀам щхьэкӀэ:
– КъыткӀэлъреплъ Зиусхьэныр уэри сэри, дыщызэрымылъагъужым деж. 50Сипхъухэм Ӏейуэ уахущытмэ, е сипхъухэм нэмыщӀ нэгъуэщӀ фызхэр къапшэмэ, дэ ди якум цӀыху дэмытми, еплъ, Тхьэр щыхьэту дэтщ уэрэ сэрэ ди якум.
51– Мы Ӏуащхьэм еплъ, – жриӀащ Лабан Екъуб, – ар уэрэ сэрэ ди якум фэеплъу сэ дэзгъэуващ. 52Мы Ӏуащхьэр щыхьэтщ, мы фэеплъри щыхьэтщ Ӏеягъэ щхьэкӀэ сэ мы Ӏуащхьэм уи дежкӀэ сынызэрыфӀэмыкӀынумкӀэ, уэри си дежкӀэ мы Ӏуащхьэм укъызэрыфӀэмыкӀынумкӀэ. 53Ибрэхьим и Тхьэмрэ Нахъор и Тхьэмрэ ди якум хеящӀэу дрет, абыхэм я адэм и Тхьэр.
Екъуб тхьэлъанэ ищӀащ езым и адэ Исхьэкъ и цӀэкӀэ. 54ИкӀи щиукӀащ Екъуб къурмэныпхъэр Ӏуащхьэм деж, къриджащ езым и Ӏыхьлыхэр щӀакхъуэ яшхыну; абыхэм яшхащ щӀакхъуэ, нэхуи щагъэщащ Ӏуащхьэм деж.
55Къэтэджащ Лабан пщэдджыжьым жьыуэ, ба яхуищӀщ и пхъурылъхухэми ипхъухэми, Тхьэм и нэфӀ къащихуэну хуелъэӀуащ абыхэм. ИтӀанэ ежьэжри, кӀуэжащ Лабан езым и щӀыпӀэм.
Currently Selected:
1 Мусэ 31: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017