ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ. 2Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум#1:2 Галатие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкур иджырей Тыркум и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм итащ. щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.
3Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. 4Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар. 5МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр абы ейщ. Ӏэмин.
НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ щыӀэкъым
6Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Тхьэуэ зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджам и гъуэгу фытекӀыу, апхуэдэу псынщӀэу нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэм и гъуэгу фызэрытехьар ину согъэщӀагъуэ. 7НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ. 8ХъыбарыфӀу дэ фхуэтӀуэтам фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм, дэрами уафэм щыщ мелыӀычырами, Тхьэм и ней къыщрехуэ. 9ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.
10Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.
Паул апостол зэрыхъуар
11Си къуэшхэ, сэ фхуэсӀуэта хъыбарыфӀыр цӀыхум къызэрыбгъэдэмыкӀар фщӀэну сыхуейщ. 12Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.
13Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ. 14Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт. 15-16Ауэ си анэм и пкъым силъу Тхьэм сыкъыхихащ. И нэфӀ щыхуэныгъэкӀи и бынхэм ящыщ сыхъуну сыкъыхуриджащ. ИтӀанэ и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр хамэ лъэпкъхэм#1:15-16 хамэ лъэпкъхэр – мыжуртхэр арщ. ялъэзгъэӀэсын щхьэкӀэ, и Къуэр сигъэлъагъуну Тхьэм игъуэу щилъытэм, зы цӀыху чэнджэщэгъу сщӀакъым. 17Сэ сяпэ апостол хъуа цӀыхуу Ерусалим дэсахэм я деж сыкӀуакъым, ауэ Аравие къэралым#1:17 Аравие къэралыр – ар наватейхэм я пащтыхьыгъуэр арагъэнкӀи мэхъу. А пащтыхьыгъуэр Палестинэ къэралым и ипщэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм итащ. А пащтыхьыгъуэм и къалэшхуэу щытар Петрэщ. сыкӀуэри, Дамаск къалэм згъэзэжащ итӀанэ.
18Илъэсищ щыдэкӀым, дызэрыщӀэн щхьэкӀэ Петр деж Ерусалим сыкӀуащ, абы деж махуэ пщыкӀутху сыщыӀащ. 19Зиусхьэным и къуэш Екъуб#1:19 Зиусхьэным и къуэш Екъуб – Ерусалим щыӀэ члисэ зэхуэсым и унафэщӀ къуэшхэм ящыщу щытащ. Еплъ Апостол. 15:13. нэмыщӀ, адрей апостолхэм ящыщ зыри слъэгъуакъым. 20Ныфхуэстхар зэрымыпцӀымкӀэ Тхьэ соӀуэ. 21Абы и ужькӀэ Сирие, Киликие хэкухэм#1:21 Киликие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкур иджырей Тыркум и ипщэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм итащ. А хэкум и къалэшхуэу щытар Тарсщ. Апостол Паул а къалэшхуэм къыщалъхуащ. сыкӀуащ. 22Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым. 23Абыхэм цӀыхухэм мыпхуэдэу къызэрыжаӀэр зэхахыу щыта къудейщ: «Нэхъапэм гугъуехь дэзыгъэшэча лӀыуэ ди фӀэщхъуныгъэр зыгъэкӀуэдыну и ужь иту щытам а фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыфӀыр иджы цӀыхухэм яхуеӀуатэ». 24Арати, сэр щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀырт.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017