YouVersion Logo
Search Icon

2 Кор. 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Коринф дэсхэм Паул иужьрей Ӏуэхуу ягуригъэӀуар
1Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ. 2ЕтӀуанэрейуэ фи деж сыщыщыӀам, мыр фэзухылӀащ. Иджы фи деж сыщымыӀэми, аргуэру фызоухылӀэ: нэхъапэ гуэныхь зыщӀахэмрэ адрей цӀыхухэмрэ сыщыкӀуэкӀэ сащысхьынукъым, 3къыжысӀэр къыжызэзыгъыӀэр зэры-Мэссихьыр згъэпэжыну фыхуейщи. ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу аракъым Мэссихь къызэрывдэгъуэгурыкӀуэр. Абы и лъэкӀыныгъэшхуэр фи деж къыщегъэлъагъуэ. 4ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.
5Фи фӀэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ, зывгъэунэхуж. Хьисэ Мэссихь фи псэм зэрыщыщыр фи щхьэкӀэ фщӀэркъэ? Апхуэдэу мыхъумэ, фызэрыщытын хуейм хуэдэу фыщымыту арщ. 6Дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу дызэрыщытыр фщӀэуэ си гугъэщ. 7МыхъумыщӀагъэ гуэр фымыщӀэну Тхьэм долъэӀу. ДыщӀелъэӀур дызэрыщытын хуейм хуэдэу дыщыту къыщӀэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу дыщымыту къыщӀэкӀми, фэ фӀыр влэжыну арщ. 8Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм дыпэувмэ, зыри тщӀэн тлъэкӀынукъым, ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ зыгуэр тщӀэн тлъэкӀынущ. 9ЛъэкӀыныгъэ димыӀэми, фэ лъэкӀыныгъэ фиӀэ щыхъукӀэ, догуфӀэ. Фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фищӀыну, Тхьэм долъэӀу. 10Фи деж сыщымыӀэу мы Ӏуэхухэр ныщӀыфхуэстхыр, фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Зиусхьэным къызита лъэкӀыныгъэкӀэ пхъашэу сыфхущытын хуей мыхъун щхьэкӀэщ. Фызгъэунэхъуну аракъым, гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ фэзгъэгъуэтыну арщ Зиусхьэным а къарур къыщӀызитар.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
11ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.
12ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх. Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж.
13Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэр, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гъусэ ирехъу псоми. Ӏэмин.

Currently Selected:

2 Кор. 13: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in