ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Мэссихь фригъусэу Тхьэм лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ. Аращи, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу Мэссихь здэщыӀэ уафэм и Ӏуэхухэм я ужь фит. 2Мы дунейм и Ӏуэхухэм фемыгупсысу, уафэм и Ӏуэхухэм фегупсыс. 3Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж. 4Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.
5Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ. 6Тхьэм емыдаӀуэхэм абы и губжьыр къатехуэнущ апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ. 7А цӀыхухэм фыщрагъусэм, апхуэдэ Ӏуэхухэм фэри фахэтащ. 8Ауэ иджы мыпхуэдэ Ӏуэху псори зыхэвныжын хуейщ: Губжьыныр, къызэщӀэплъэныр, бзаджагъэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, емыкӀу псэлъэкӀэр. 9ФызэрымыгъэпцӀэж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэр, абы и Ӏуэхухэри щӀыгъуу, зыхэвныжри, 10щэныщӀэфӀыр фащэ хуэдэу зэфшэкӀащ. Тхьэуэ а щэныщӀэфӀыр къэзыгъэхъуам, езым и щэн хуэдэу хъуурэ, а щэныфӀыр зэпымыууэ егъэщӀэращӀэ, езыр зыхуэдэр пэжу зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ. 11Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри,#3:11 алыдж – «грек» жыхуаӀэрщ. журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф#3:11 Скиф цӀыхухэр – лъэпкъ Ӏэл гуэрщ. хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.
12Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ. 13Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу. 14Псом япэрауэ, фӀылъагъуныгъэр фи гум ивгъэлъ. ФӀылъагъуныгъэращ зыуэ фыщытыну икӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъуну фэ псори фызэзыпхыр.
15Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреӀэ. Зы пкъым фыхуэдэу а гузэгъэгъуэр фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Абы фӀыщӀэ хуэфщӀ. 16Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ. 17Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ унагъуэхэм я псэукӀэр
18Фызхэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
19ЛӀыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым.
20Бынхэ, фи адэ-анэхэм сыт и лъэныкъэукӀи федаӀуэ, Зиусхьэным ар игъуэу елъытэри.
21Адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, я гур мыкӀуэдын щхьэкӀэ.
22УнэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм унафэ псомкӀи федаӀуэ. Абыхэм федаӀуэ, жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъым и мызакъуэу, атӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум зэрилъым щхьэкӀэ сыт щыгъуи фигурэ фи псэкӀэ фахуэлажьэ. 23Сыт фщӀэми, цӀыхухэм зэрахуэфщӀэм хуэдэ иремыхъу, ауэ Зиусхьэным зэрыхуэфщӀэм хуэдэу, фигурэ фи псэкӀэ фщӀэ, 24сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр фэри влэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ къызэрыфлъысынур фощӀэри. Зиусхьэн Мэссихьщ фызыхуэлажьэр. 25Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэм и бзаджагъэм хуэфащэр иригъэпшыныжынущ; Зиусхьэныр цӀыхухэм я фэм емыплъу, абы цӀыху псори и зэхуэдэщи.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017