ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:13-14
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:13-14 KBDNTGP2017
Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы. Унафэхэри дэщӀыгъуу, ди щӀыхуэхэр зэрыт тхылъым и лъэкӀыныгъэр Тхьэм игъэкӀуэдащ. А тхылъыр къытпэуващ, ауэ Тхьэм ар Мэссихь и жорым ириӀулӀри, лъэныкъуэ иригъэзащ.





