Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мы дунейм и иужьрей махуэхэм щыпсэуну цӀыхухэр зыхуэдэ хъунур
1Мы дунейм и иужьрей махуэхэм зэман гугъухэр къызэрыкӀуэнур пщӀэн хуейщ. 2Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым; 3зэкӀужыныгъэр зыхуэдэр ящӀэнукъым, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыӀэжынукъым, гущӀэгъуншэ хъунущ, фӀыгъуэр фӀыуэ ялъагъужынукъым; 4уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ; 5Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
6А цӀыхухэм ящыщхэр унэхэм яфӀыщӀопщхьэ, зи гуэныхьхэм текӀуадэ цӀыхубзу хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм зыкърезыгъэшэкӀхэр дахьэх. 7А цӀыхубзхэм Ӏуэхухэр сыт щыгъуи зрагъащӀэми, щыпкъагъэр къащӀэн ялъэкӀыркъым. 8Ианнийрэ Иамврийрэ#3:8 Ианнийрэ Иамврийрэ – Мысырым щыщу, удыгъэм хэт лӀитӀу Мусэ бегъымбарым пэуву щытахэр арщ. Еплъ 2 Мусэ 7:22; 9:11. Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр. 9Ауэ абыхэм я Ӏуэхур куэдрэ къадэхъунукъым; Ианнийрэ Иамврийрэ я делагъэр цӀыху псомкӀи нэрылъагъу зэрыхъуам хуэдэу, апхуэдэхэм я делагъэри цӀыху псомкӀи нэрылъагъу хъунущ.
Паул Тимофей иужьрей Ӏуэхуу хуигъэбыдар
10Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ. 11Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэм#3:11 Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэр – еплъ Апостол. 13:14–14:20; 16:1-5. цӀыхухэм щызагъэшэча гугъуехьри, гугъуехь куэд зэрыщысшэчари уощӀэ. Гугъуехьышхуэхэр сагъэшэчащ, ауэ Зиусхьэным а псоми сакъыхихыжащ. 12Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ. 13ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж. 14Уэ зэбгъэщӀа, узыщыгугъ Ӏуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщӀыкӀа цӀыхухэр уощӀэри. 15Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм#3:15 Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэр – журтхэм я тхылъ лъапӀэхэр арщ: Торэт хабзэр, Сабурыр, бегъымбархэм ятха тхылъхэр икӀи нэгъуэщӀхэр. хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ. 16Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀащ. ЦӀыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщӀэнкӀи, уегиинкӀи, бгъэдэӀуэнкӀи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукӀэр ебгъэщӀэнкӀи щхьэпэщ а псалъэхэр. 17Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
Currently Selected:
Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017