Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихь Хьисэ фӀыуэ хуэбанэ зауэлӀыр
1Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ. 2Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ. 3Хьисэ Мэссихь и зауэлӀыфӀым хуэдэу гугъуехь къыздэшэч. 4Дзэм емыпха Ӏуэхугъуэхэм зауэлӀым зыдригъэхьэхыркъым – дзэ пашэм и гум зригъэхьыну хуейщ. 5Апхуэдэу зэрызэдэжэ хабзэм тету къэмыжэм текӀуэныгъэм и таж къратыркъым. 6Ӏуэху гугъу зыщӀэ мэкъумэшыщӀэм гъавэу кърахьэлӀэжам щыщ и Ӏыхьэр япэ къратын хуейщ. 7Сэ жысӀэм егупсыс. Зиусхьэным Ӏуэху псомкӀи зэхэщӀыкӀ къуитынущ.
8Хьисэ Мэссихь уигу къэгъэкӀыж; ар Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Аращ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀу, 9гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым. 10Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.
11Мы псалъэхэр пэжщ:
Мэссихь дригъусэу дылӀамэ,
дригъусэуи дыщыӀэнущ.
12ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ,
абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ.
«Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым»,
жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу
ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ.
13Дэ дигум щыпкъагъэ имылъми,
абы и гум щыпкъагъэ сыт щыгъуи илъынущ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым зыкъигъэпцӀэжын
лъэкӀынукъыми.
Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу и гум ирихьыр
14А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр. 15Зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа цӀыхуу, илэжьа Ӏуэхум щӀытеукӀытыхьыжын лъэпкъ щымыӀэу, щыпкъагъэм и псалъэхэр цӀыхухэм пэжу езыгъащӀэ цӀыхуу Тхьэм дежкӀэ узэрыщытыным и ужь ит. 16Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи. 17Лышх узым#2:17 лышх уз – «рак» арщ. хуэдэу, абыхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр цӀыху куэдым ялъэӀэсынущ. Именейрэ#2:17 Именей – еплъ 1 Тим. 1:20. Филитрэ а цӀыхухэм ящыщщ. 18А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд. 19Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».
20Унэшхуэ гуэрым дыщэмрэ дыжьынымрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм я мызакъуэу, пхъэмрэ ятӀэмрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэри щӀэлъщ. ХьэкъущыкъуфӀ дыдэхэри, къызэрыгуэкӀ хьэкъущыкъухэри яхэтщ. 21Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.
22Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит. 23ПщӀэ зимыӀэ икӀи щӀэныгъэ зыхэмылъ зэдэуэныгъэхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Абыхэм цӀыхухэр зэрызэщагъыхьэр уощӀэ. 24Зиусхьэным хуэлажьэ цӀыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтӀэ цӀыху псоми яхуэфӀу, абыхэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀыу, зызымыгъэгусэ цӀыхуу щытын хуейщ. 25Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ. 26Апхуэдэу хъумэ, зыхуейр яригъэщӀэну шейтаным иубыда нэужь, абы и хъым къикӀыфыжынущ ахэр.
Currently Selected:
Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017