Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. 2Уэ, фӀыуэ слъагъу си къуэ Тимофейм,#1:2 Тимофей – еплъ Кол. 1:1. мы тхылъыр ныпхузотх.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэн Мэссихь Хьисэрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.
Тхьэм и хъыбарыфӀым хуэпэжыну Паул Тимофей зэригъэгушхуар
3Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. 4Уи нэпсхэр си гум къэкӀыжу, си гум гуфӀэгъуэ из хъун щхьэкӀэ, услъагъуну сыхуейщ. 5Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ. 6Аращи, си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ#1:6 си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ – Паул жыхуиӀэр езымрэ адрей чыристан унафэщӀ къуэшхэмрэ я Ӏэхэр Тимофей и щхьэм тралъхьэу, Тимофей Тхьэм хуэлэжьэну зэрагъэувар арщ. Еплъ 1 Тим. 1:18; 4:14. Тхьэм лъэкӀыныгъэу къуитам и мафӀэр къызэщӀэбгъэнэн зэрыхуейр уигу къызогъэкӀыж. 7Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.
8Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч. 9Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ, 10ауэ иджы дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь къызэрылъэгъуамкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нахуэ къэхъуащ. Хьисэ Мэссихь лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ, хъыбарыфӀымкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ къытхуигъэнэхуащ. 11А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну, абы и апостол сыхъуну, хамэ лъэпкъхэм ар езгъэщӀэну Тхьэм сыкъигъэуващ. 12Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм#1:12 а махуэм – къемэтмахуэр арщ. нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.
13Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ. 14Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу ди гум илъымкӀэ хъумэ.
15Асие хэкум#1:15 Асие хэкур – еплъ Ефес 1:1. ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.
16Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым. 17Ар Рим къалэшхуэм къыщыкӀуам, сыкъигъуэтыху, емышу сыкъилъыхъуащ. 18Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.
Currently Selected:
Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017