YouVersion Logo
Search Icon

2 Кор. 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм ядогъащӀэ
1Дызыщытхъужыну къэдублэрэ аргуэру? Е зыгуэрым къыфхуитхауэ е фэ фтхауэ къытщытхъу тхылъ гуэр дыхуэныкъуэ, цӀыху гуэрхэр зэрыхуэныкъуэм хуэдэу? 2Фэ дэ къытщытхъу тхылъым фыхуэдэщ. Ар дигухэм итхауэ илъщ. ЦӀыху псоми а тхылъыр ящӀэн икӀи абы еджэн ялъэкӀынущ. 3Ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуауэ, Мэссихь итха тхылъым хуэдэу фызэрыщытыр къывогъэлъагъуэ. А тхылъыр шакъэкӀэ тхакъым, атӀэ гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ тхащ. Мывэ пхъэбгъухэм ятетхакъым, атӀэ цӀыхухэм ягухэм итхауэ илъщ.
4Мэссихь Тхьэм дызэрыщигъэгугъым щхьэкӀэ апхуэдэу жыдоӀэ. 5Дэр-дэру ди лъэкӀыныгъэкӀэ зыгуэр къэдгупсысыфу жытӀэркъым, лъэкӀыныгъэ къыдэзытыр Тхьэращ. 6Абы зэгурыӀуэныгъэщӀэм#3:6 зэгурыӀуэныгъэщӀэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр арщ. Мыбдежым Паул зэгурыӀуэныгъэщӀэу Хьисэ Мэссихь ищӀар пасэрей зэгурыӀуэныгъэу Мусэ и Торэт хабзэм зи гугъу ищӀу итым хуегъадэ. дыхуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ. А зэгурыӀуэныгъэр псалъэ тхахэм ятеухуа зэгурыӀуэныгъэкъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ зэгурыӀуэныгъэщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псалъэ тхам цӀыхур егъалӀэ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къегъэпсэуж ар.
7ХьэрфхэмкӀэ мывэхэм тетха Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум ажалыр цӀыхухэм къахуихьын хуейуэ щытми, щӀыхьышхуэ иӀэу ар къэкӀуащ. Апхуэдэу, Мусэ бегъымбарым и нэгум щӀэт нэхушхуэр#3:7 Мусэ бегъымбарым и нэгум щӀэт нэхушхуэр – еплъ 2 Мусэ 34:29. кӀуэдыжу щыта пэтми, израил цӀыхухэм абы и нэгум иплъэн ялъэкӀтэкъым. 8Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейкъэ? 9ЦӀыхухэр зыгъэкъуаншэ Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум щӀыхьышхуэ иӀамэ, цӀыхухэм Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэу зыщӀ и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ. 10Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀыхьышхуэ зиӀэу щыта Торэт хабзэм щӀыхь лъэпкъ иӀэжкъым, иужькӀэ къэкӀуа, нэхъ щӀыхьышхуэ зиӀэ хъыбарыфӀым хуэбгъадэмэ. 11ИкӀи кӀуэдыжын хуея Торэт хабзэм щӀыхьышхуэ иӀамэ, зэи мыкӀуэдыжыну хъыбарыфӀым абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ.
12Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ. 13Мусэ бегъымбарым зэрищӀам хуэдэу тщӀыркъым. Израил цӀыхухэм абы и нэгум щӀэт нэхушхуэр зэрыкӀуэдыр ямылъагъун щхьэкӀэ, и нэгур ӀэлъэщӀкӀэ щӀиуфащ.#3:13 и нэгур ӀэлъэщӀкӀэ щӀиуфащ – еплъ 2 Мусэ 34:33. 14Я акъылхэр ункӀыфӀащ абыхэм. Нобэр къыздэсым пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэм#3:14 пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэр – журтхэм я тхылъ лъапӀэхэр арщ: Торэт, Уэрэд ЛъапӀэхэр (Сабур), бегъымбархэм ятха тхылъхэр, нэгъуэщӀхэри. щеджэкӀэ, абыхэм я акъылхэм тепхъуэ тепхъуауэ къонэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь закъуэрщ а тепхъуэр тезыхыжын зылъэкӀыр. 15Израил цӀыхухэр Мусэ и Торэт хабзэм ноби щеджэкӀэ, я гум тепхъуэ тепхъуащ. 16Ауэ зыгуэрым Зиусхьэным зэрызыхуигъазэу, а тепхъуэр теха мэхъу. 17Зиусхьэныр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ, ар здэщыӀэми щхьэхуитыныгъэри щыӀэщ. 18Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.

Currently Selected:

2 Кор. 3: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in