2 Кор. 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Аращи, фи гур хэзгъэщӀыурэ фи деж аргуэру сынэмыкӀуэжыным тезубыдащ. 2Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фи гур хэзгъэщӀмэ, фэ зи гур хэзгъэщӀа фэр фӀэкӀа сызыгъэгуфӀэну хэт къэнэжыр? 3Фэ сызыгъэгуфӀэн хуейхэм сыныщыкӀуэкӀэ си гур хэвмыгъэщӀын щхьэкӀэщ мыр нызэрыстхам хуэдэу ныщӀыфхуэстхар. Сэ сызыгъэгуфӀэ Ӏуэхум фэ псори фызэригъэгуфӀэр си фӀэщ мэхъу. 4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэрэ гухэщӀыгъэшхуэрэ сиӀэу, сыгъыурэ ныфхуэстхащ. Фи гур хэзгъэщӀын щхьэкӀэкъым аракъым ныщӀэстхар, атӀэ фэ фхузиӀэ фӀылъагъуныгъэр зэрыиныр фэзгъэщӀэн щхьэкӀэщ.
Паул и гур хэзыгъэщӀам зэрыхуигъэгъур
5Зыгуэрым нэгъуэщӀым игу хигъэщӀамэ, зигу хигъэщӀар си закъуэкъым, езмыгъэлейуэ жысӀэмэ, фэ псоми гухэщӀыныгъэр Ӏыхьэ фхуэхъуащ. 6Фэ фщыщу нэхъыбэм апхуэдэ цӀыхум тефлъхьа гугъуехьыр ирикъунущ. 7Аращи, гухэщӀыныгъэм а цӀыхур имыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, абы хуэвгъэгъун икӀи вгъэгушхуэн хуейщ. 8Абы къыхэкӀкӀэ апхуэдэ цӀыхум фӀылъагъуныгъэ хувиӀэну сыныволъэӀу. 9НыщӀыфхуэстхар фи щыпкъагъэр здынэсыр згъэунэхуну, сыт ищӀысымкӀи фыкъысхуэӀурыщӀэмэ зэзгъэщӀэну аращ. 10Фэ зыхуэвгъэгъу цӀыхум сэри хузогъэгъу. Сэ згъэгъуа Ӏуэхур, згъэгъун Ӏуэху щыӀауэ щытмэ, си фӀагъ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, Мэссихь и пащхьэм щызгъэгъуащ, 11шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.
Троадэ къалэм Паул зыщыӀууа гузэвэгъуэр
12Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм#2:12 Троадэ къалэр – кхъухь тедзапӀэ иӀэу, Эгейскэ хым Ӏуту, Мисие хэкум щыщу щытащ. сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми, 13гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит#2:13 Тит – Паул дэлажьэу и гъусэхэм ящыщу щытт. Еплъ Гал. 2:1-3. абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум#2:13 Македоние хэкур – еплъ 1 Кор. 16:5. сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ.
Мэссихь текӀуэныгъэ къызэрыдигъэхьыр
14ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ. 15МыкӀуэду Тхьэм къригъэл цӀыхухэми, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэми дежкӀэ, дэ дызыхуэдэр Мэссихь и мэ гуакӀуэ къызыпих пэрымэу Тхьэм къыщӀихьэр арщ. 16Ажал къызыхэкӀ мэ Ӏейм дыхуэдэщ цӀыху гуэрхэм ядежкӀэ, гъащӀэ къызыхэкӀ мэ гуакӀуэм дыхуэдэщ нэгъуэщӀ гуэрхэми ядежкӀэ. Апхуэдэ Ӏуэху илэжьыну хэт зылъэкӀынур? 17Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.
Currently Selected:
2 Кор. 2: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017