1 Петр 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэлыхъуэм мэлхэр хуэсакъыу зэрихъумэм хуэдэу, Тхьэм и цӀыхухэм фи нэӀэ ятевгъэт
1Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:
2Мэлыхъуэм и нэӀэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цӀыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэӀэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщӀэмыхъуэпсу, абыхэм фи фӀэщу фахуэлажьэ. 3Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь. 4ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.
5Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ
«Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум,
и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».#5:5 и нэфӀыр къыщохуэ – еплъ Сэлмэн пащтыхьым и псалъэжьхэм (Притчи) 3:34.
6Аращи, лъэкӀыныгъэ зиӀэ Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъшэ, езым къигъэлъэгъуа зэманыр къыщыскӀэ фыкъиӀэтыжын щхьэкӀэ. 7Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.
8ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу. 9ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу фытету, шейтӀаным фыпэув, сыту жыпӀэмэ дунейм тет фи къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр фэ фощӀэ.
10НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ. 11МыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
12Къуэш пэжу слъытэ Силуан#5:12 Силуан – Паул дэлажьэу и гъусэхэм ящыщар арагъэн хуейщ. Еплъ Апост. 15:22–18:5. къыздэӀэпыкъуурэ мы мащӀэр ныфхузотх. НыщӀэстхыр фи фӀэщ сщӀыну, къывгурызгъэӀуэну икӀи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуауэ сэ нэстхар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэну аращ. Гъуэгу щыпкъэм фытемыкӀ, Тхьэм и нэфӀым зыхэвмыгъэн.
13Тхьэм фыкъызэрыхихам хуэдэу, Бабилэн#5:13 Бабилэн – абы къикӀын хуейр Рим къалэшхуэрщ. Еплъ Апокал. 18. щыӀэ члисэ зэхуэсу Тхьэм къыхихам фӀэхъус къывехыж. Си къуэ Марки#5:13 Марк – Иуану МарккӀэ зэджэр арагъэн хуейщ. Еплъ Кол. 4:10. Апхуэдэу щыхъукӀэ, «си къуэм» Петр къригъэкӀар «си дэӀэпыкъуэгъущ». фӀэхъус къывехыж. 14ФӀылъагъуныгъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ фӀэхъус зэфх.
Фэ, Мэссихь зи псэм щыщ псоми фигу ирезагъэ. Ӏэмин.
Currently Selected:
1 Петр 5: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: